Page 106 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 106

VIII E ДЗЫГЪУЭ




                  Уэлий Уадэлакъэ





                 ыг хадэпэм къыщыкӏт плъыжыфэу удз гъэгъа ӏэрамэш -
         Ж хуэ—накъыгъэ пысхэр хужьыбзэт, ауэ хадэзехьэхэр
         егугъуу ахэр плъыжьу палыкӏт. Алисэ, ар фӏэгъэщӏэгъуэн хъури,
         нэхъ гъунэгъуу ябгъэдыхьащ. Здэкӏуэм зэхихащ зы хадэзехьэм
         адрейм зэрыжриӏэр: «Хуэсакъ, Тху! Къыстебутхащ!»
           «Сэ зыри силажьэкъым,» къэгъумэтӏымащ Тхур. «Блыр си
         ӏэфракӏэм къыщӏэуэри ирызигъэкӏутащ.»
           Блым къысфӏимыгъэщӏу жиӏащ: «Тэрэзыбзэщ пщӏэр, Тху!
         Мыхъу псори зыгуэрым телъхьэ уэ!»
           «Уэ сыпхуэдэтэмэ, зы цӏути жысӏэнтэкъым,» къыщӏигъуащ
         Тхум. «Дыгъуасэ си тхьэкӏумитӏымкӏэ зэхэсхащ ди Уэлий-Гуащэм
         зэрыжиӏар уи щхьэр ӏэджи щӏауэ пыудын зэрыхуейр!»
           «Ар сытым щхьэкӏэ?» щӏэупщӏащ япэрей хадэзехьэр.
           «Абы зыкӏэ уи ӏуэху пылъкъым, Тӏу!» пиупщӏащ Блым.
           «Дауэми си ӏуэхущ,» диӏыгъакъым абы Тхум. «Пэжыр жысӏэнщ
         ухуеймэ. Пщафӏапӏэм бэлыджэхъум и пӏэкӏэ бжэндэхъу лӏа зэри -
         лъэфам щхьэкӏэ!»

         80
   101   102   103   104   105   106   107   108   109   110   111