Page 148 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 148
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
зэригъэувар, абы и кӏэ цӏыкӏур иӏуантӏэ-къиӏуантӏэжт, ауэ сыт
имыщӏэми зызэпигъэзэжыфтэкъым. Ар Алисэ къищтэри тэрэзу
игъэтӏысыжащ. Тэмэм зэрыхъуам еплъри егупсысащ: «Мыхьэнэ
иӏэу сылъагъукъым и щхьэр дэгъэзеями егъэзыхами, тӏум щыгъуэ -
кӏи зы сэбэпи къыпыкӏынукъым.»
Хабзэ телъхьэлӏхэм зыкъащӏэжу яӏэщӏэхуа къабзийхэмрэ
пхъэбгъу кӏапэхэмрэ къащыӏэщӏыхьэжым—къащыщӏар псынщӏэ-
псынщӏэу ятхыжащ. Былэ закъуэт зыри зымыщӏэр, ар иджыри
зыхуэмыужьыжауэ зимыгъэхъейуэ и жьэр ӏурыхуауэ уафэм
дэплъейт.
«Сыт уэ мы ӏуэхум хэпщӏыкӏыр?» щӏэупщӏащ Пщы-Уэлийр.
«Зыри,» кӏэщӏу жэуап итыжащ Алисэ.
122