Page 74 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 74
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
«Къеджэт моуэ „Дадэ Ӏулэмрэ и къуэ делэмрэ“ жыхуиӏэ усэм.
Усэ гуапэ цӏыкӏущ ар!»
Алисэ занщӏабзэу къызэфӏэувэри усэм къеджащ:
«„Сытым щхьэкӏэ, мэуэ, уэ къызжыӏэт,
Узэфӏэтын уужэгъуу лъэкӏэ,
Ехьэкӏ уимыӏэу, дадэ Ӏулэ, жыӏэт,
Ущӏэувар ерыщу щхьэкӏэ?“
„Слъытэт,“ жеӏэ дадэ Ӏулэм, „си щхьэм
И куцӏым ар къемызэгъыну,
Нэщӏу къызэрысщӏэу си щхьэкъупщхьэр,
Сыщытщ, иджы, щхьэщыгукӏэ ену.“
48