Page 40 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 40

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху






                                                                                                    ЗЫПСЭ



                 НЭКЪЫГЪЭ                                                                           Мазэгъуэ жэщым щIылъэр иIубащи,
                                                                                                    Си Iэгухэм уэркIэ псэууэ зацIыхуж.

                Нэкъыгъэ тIэпI къызэщIэплъахэу,                                                     Зы вагъуэ закъуэм Iупэр еIубащи,
                Уи нитIыр си щIыбагъкIэ дэтщ.                                                       Вагъуэбэ макъыр уафэм имыхуэж!
                Уафэгум вагъуэ зызгъэпщкIуахэм,

                Зы вагъуэ бжыгъэм, сощIэ, къэтщ.                                                    СыIэбэрабэт нэхуми, гъуэгур сымылъагъуу,
                                                                                                    ГуитIщхьитI сыхъуати, гъащIэр си лъэпагът.

                Уи плъэгъуэр плIэIум илъу хьэлъэу,                                                  Нэр зэтепIами, нэрылъагъущ дахагъэр —
                СыздэкIуэм мывэу къызохьэкI.                                                        НэIуагъэу иIэр зы лъхудий лъагагъщ.
                Схуэмышэчыжу сызэплъэкIмэ,

                Уэрамыр нэщIу зэкIуэцIрокI.                                                         Зэподжэ гухэр, псэхэр зэхалъхьауэ,
                                                                                                    Гу макъхэр зы уэрэдым зэдожьу.

                Уи макъым ещхь сэ щызэхэсхкIэ,                                                      Хьэуар мэбауэ, жэщым бзэ Iуилъхьауэ,

                Гъэгъам я гъыбзэм си псэр яунэщI.                                                   Псалъэншэ щымым щэхур дегъэжьу.
                Нэкъыгъэ тIэпI къызэщIэплъахэм
                КъапыткIу уэсэпсхэр IэкIэ къызолъэщI.                                               Жэнэт бзу дыщэу псэхэр зэхолъатэ,
                                                                                                    Iэпкълъэпкъхэм мафIэу жэщыр пхырасыкI,
                                                                                                    Си псэ лъэныкъуэм ныкъуэу хуэмыгъуэтыр —
                                                                                                    Си щIылъэныкъуэ, уи псэм къопсэлъыкI.












                                          38                                                                                  39
   35   36   37   38   39   40   41   42   43   44   45