Гъунджэм фIейуэ зыщилъагъум, Хъыджэбз цIыкIур ину гъащ. – Сыт ущIэгъыр? – сыщеупщIым, Гъыурэ пщащэр тхьэусыхащ: – Сэ мэракIуэм сиуцIэпIащ, Напэр фIыцIэу къыриIащ… Сыкъэнэнумэ апхуэдэу, Мамэ мыгъуэ, сыунэхъуащ!