Page 7 - Брат Мурат. Дыгъэ унэ.
P. 7

ЗэщIотаджэ уардэ бгыжьхэр,
                  ЗэщIахуарзэ уафэр бгъэжьхэм,
                  Ауз псыхъуэр зэщIаплъыхь,

                  Я щэкIуапIэхэр къаплъыхь.

                  Зы бгъэ гупым къахэкIащ,

                  Ди щхьэщыгум къытехьащ.
                  – Ей, догуоу, – бгъэм Iэ худощIри,
                  Дыкъилъагъу абы къытфIощIри.


                  Ауэ дэ дыкъыримыдзэу,
                  ДамэшхуитIыр жьыбгъэм тридзэу,

                  Мыгузавэу бгъэжьым езыр
                  ЩIыху къызщIэуэ уафэ гъуэзыр.
   2   3   4   5   6   7   8   9   10   11   12