Page 76 - Брат Мурат. Дыгъэ унэ.
P. 76

Къуанлъэ, къуанлъэ,
                  КъикъуэнлъыкI,
                  ЩIылъэ нэзым

                  КъибыргъукI,
                  Псы егъафэ дади, нани,
                  Ди хьэжь цIыкIури къомыгъанэ.

                  Псы егъафэ бгъэгуху ужьэр,
                  Псы егъафэ дыгъужьыжьыр,
                  Псы егъафэ хьэдзыгъуанэр,

                  Хомыгъэн уи псым цIыжьбанэр.
                  Щынэ цIыкIухэри дэгъакIуэ,
                  Жыгри удзри ядэгъакIуэ,

                  Си псы хуэлIэр сэри дэх -
                  Зыми уи псыр уэ бломых.


                  Уэ зыхэщIэ уафэ щхъуантIэр,
                  Дзэл къудамэу къыптелантIэр,

                  Уэ зыщIэшэ губгъуэм и мэр,
                  Удз гъэгъам я епэрымэр.
                  Плъэгъуа псори зы Iуб щIыж,
                  Уи псым ефэм хуэIуэтэж!
   71   72   73   74   75   76   77