Page 126 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 126
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
«„Яхуэгуэшыжын“ жыхуэпӏэр зэи зэхэсхакъым,» таучэл ищӏащ
пщащэм.
«Зэи зэхэпхакъэ, зи унагъуэр бэгъуэн,» къыхэпсэлъащ Алъэн-
Бгъэжьыр и лъапэхэр уафэм хуишиурэ. «Слӏо зэи куэзыр ягуэшу
плъэгъуакъэ?»
«Слъэгъуащ,» зыкъиумысыжащ Алисэ. «Ӏэджэри. Щхьэж къы -
лъысыр зэхуэдэу зэхуагуэшри, итӏанэ зэхуокӏуэхэ, икӏэм икӏэжым
къинам щыдыхьэшхыурэ ягъагъ.»
«Атӏэ,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым. «Ар дахэ дыдэу пщӏэуэ, „Я
хуэГуэгуш Ин“ жыхуаӏэр щӏомыщӏэкӏэ—умыкхъэмывэу уделэжь
цӏыкӏукъэ?»
Алисэ, «Хэхун» жыхуаӏэр зэригъэщӏэну хуейти, щӏегъуэжащ.
Абы ипӏэкӏэ, Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым зыхуигъазащ: «Сыт нэгъуэ -
щӏу фызыхурагъэджар?»
«Диӏащ „Алыджыжьымрэ Урымыжьымрэ“ яӏурыкӏуэда Тхыдэ-
хьэдэӏудэхэр», япэ „Фӏеитхэ“, итӏанэ „Фызыкӏэ“...„Гуащӏэ“ дер -
сым Блашэм дыкърихуэкӏыурэ дыхуригъаджэт. Зы тхьэмахуэм
„Сурэтыжь“ дерсым егъэджакӏуэ Псы Джэдум фӏамыщӏ къыт -
хуихьти, ди сурэтхэм зихъуэжыхукӏэ фӏамыщӏым дригъэдзэгъут.
Егъэджакӏуэ Псы Бланэр „Щыхьыбзэкӏэ“ къыддэгуашэт.»
«Сытыт къыфхуигуэшыр?» щӏэупщӏащ пщащэр.
«Сыт къытхуигушынур?» къыщыдыхьэшхащ Хьэдэпщэмыӏу
Нэпцӏыр. «Бжьакъуэ игуэшт, абы къыуитыну нэгъуэщӏ зыри
иӏэтэкъыми. „ӏэпкълъэпкъ зэрыкӏыр“ Къултум дригъыӏэт.»
«„ӏэпкълъэпкъ зэрыкӏ“?» щӏэупщӏащ къыгурымыӏуэу пщащэр.
«Сэ си ӏэпкълъэкъыр зэи зэрыкӏакъым,» сэсейр сыт щыгъуэкӏи
зэрыпщхьэт,» жиӏащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым. «Мис мы си къуэ -
шым ар дэгъуэу къехъулӏэт.»
«Сэ седжэну зэман сиӏэтэкъыми,» еувэлӏащ Аслъэн-Бгъэжьым,
«Къултум цӏэмпӏырэ сеуэу сригъэсащ.»
«Сыт ар зищӏысыр?» фӏэгъэщӏэгъуэн хъуащ Алисэ.
«Ар щӏэныгъэр къыздежьэу здиухыжыращ,» къыгуригъэӏуащ
пщащэм Аслъэн-Бгъэжьым. «Си егъэджакӏуэмрэ сэрэ урамым
100