Page 130 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 130

А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М  З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р

           «Плъэгъуну ухуей?» къеупщӏащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр.
           «Сыхуейщ атӏэ!» хуей-хуэмей хуэдэу жиӏащ Алисэ.
           «Къэтэджт,» унафэ хуищӏащ Аслъэн-Бгъэжьым Хьэдэпщэмыӏу
         Нэпцӏым. «Едгъэлъэгъунщ уджым и пэщӏэдзэр. Шынагъуэкъым
         Елыркъэш зэрыщымыӏэр… Елыркъэшыншэуи дызэфӏэкӏынщ.
         Хэт уэрэд жызыӏэнур?»
           «Уэ жыӏэ,» къелъэӏуащ Аслъэн-Бгъэжьыр. «Сэ псалъэхэр
         сщӏэжкъым.»
           Ахэм загъэпагэурэ къэфэн щӏадзащ, Алисэ и лъакъуэ цӏыкӏухэр
         папӏытӏыкӏыурэ и хъуреягъыр къажыхьурэ. Хьэдэпщэмыӏу
         Нэпцӏым уэрэд къыхидзащ.









































         104
   125   126   127   128   129   130   131   132   133   134   135