Page 7 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 7
Хьэгъэгъуазэ псалъэ
эрролл Льюис» – цӏырыӏуэ инджыл тхакӏуэ,
«КОксфорд университетым и колледж Крайст Чёрчым
1
хьисэпымкӏэ и егъэджакӏуэ Чарлз Латвидж Додсон (1832–
1898) и цӏэлейщ. Абы, колледжым и унафэщӏ икӏи и
ныбжьэгъуфӏ Лидделл Генри и унагъуэм щыхьэщӏэкӏэ,
таурыхъ яжриӏэт и ныбжьэгъум ипхъу Алисэ цӏыкӏурэ (1852
гъэм къэхъуащ), абы и шыпхъу нэхъыжьхэу Лоринэрэ
Эдитрэ. Зэгуэрэм – 4 гъэмахуэку 1862 гъэм – Кэрроллрэ,
абы и ныбжьэгъу щихъ Дакуорт Робинсонрэ хъыджэбз
цӏыкӏуищри ягъусэу ежьахэщ къухьжьейкӏэ псыгъунэм
есылӏэу зыщагъэпсэхун я мураду. Мис а зэманым техуэу
Кэрролл пщащэхэм яжриӏащ хъыджэбз цӏыкӏу Алисэ
теухуа псысэ гъэщӏэгъуэныр: а пщащэр тхьэкӏумэкӏы хьы -
гъуэм ихуэу абы Телъыджэщӏым и деж къыщыщӏахэмрэ.
Алисэ Кэрроллым елъэӏуащ а таурыхъыр итхыжыну, икӏи
зэман кӏуэд темыкӏыу ӏэрытхыр хьэзыр хъуащ. Иужькӏэ
нэгъуэщӏ гуэрэхэр хагъэхъуэжри, тхылъыр 1865 гъэм
къыдэкӏащ. А зэманым къыщегъэжьауэ тхылъ «Алисэ
1 Льюис Кэрролл и унагъуэцӏэ дыдэр зэгуэрэм къызэралъытауэ, ауэ мытэрэзу,
урыскӏэ къаӏуатэ «Доджсон» хуэдэу. Ауэ инджылыбзэм и деж «g» хьэрыфыр
къагъэӏукъым, абы къыхэкӏкӏэ дэ зэрыттхыр «Додсон». Езы Кэрролли
апхуэдэт зэрыжиӏэр и унагъуэцӏэр. – М.Э.
v