Page 8 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 8
А ЛИСЭ Т ЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫШЫӀАР
Тэлъыджэщӏым зэрыщыӏар» бзэ зэщымыщ ӏэджэми ира -
гъэуващ. Мы флъагъур а тхылъыр Ищхъэрэ Кавказым и
курыкупсэм ит Къэбэрдей-Балкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс
хэгъуэгухэм щызэрахьэ адыгэбзэкӏэ (адыгэбзэм и къэбэрдей
псалъэкӏэ) зэдзэкӏащ.
Адыгэбзэм (шэрджэсыбзэм) и къуэпсхэу къэбэрдеибзэмрэ
кӏахыбзэмрэ абхъэз-адыгэ бзэ унагъуэм щыщхэщ. Адыгэб -
зэм ирипсалъэу 516000 Урысейм щопсэу: Къэбэрдей-
Бэлкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар
хэгъуэгум, Ставрополь хэгъуэгум, Ищхъэрэ Осетием и
Мэздэгу куейм. 19 лӏэщӏэгъуэм илъэсищэ нэхърэ нэхъыбэкӏэ
екӏуэкӏа Урыс-Кавказ зауэжьым и лъэр щӏичу и псэри
зыхуэзэщича лъэпкъыр, нобэкӏэ дунейм ипхъыхьауэ къэрал
щэныкъуэм щопсэу. Адыгэбзэр зыӏурылъхэм я бжыгъэр
мелунищым шӏегъу. Нэхъыбэу ахэр здэпсэур Къуэкӏыпӏэ
Гъунэгъумкӏэ щыӏэ къэралхэращ: Тыркум, Иорданым,
Щамым, Журтейм, Иракым, Лиуаным, адэкӏэ – Америкэ
щтат зэгуэтхэм, Австралием, Европэм и къэралхэм. Бзэр
ямыщӏэжу, ауэ адыгэу залъытэу куэдыфӏ щопсэур Африкэм:
Ливием, Алджырым, Тунисым, Мысырым.
Пэсэрей антик лъэхъанэм йомылъытмэ, Ервопэм адыгэхэр
нэхъ гъунэгъу щыхуэхъуар джэнэзухэм Хы фӏыцӏэ гъунэм
Къафэрэ Тӏэмэнрэ тӏысыпӏэ щащӏа зэманыращ. Икӏи
апщыгъуэм я зэпыщӏэныгъэр нэхъ быдэу, нэхъ зиужьауэ
щытащ. Икӏи щӏэныгъэлӏхэм адыгэ щӏэнхабзэри Хыщӏы -
лъыку щӏэнхабзэм и къэухьым зэрыхиубыдэр шэч халъхьэ -
къым. Ауэ инджылыз дунейм адыгэхэр фӏыуэ нэӏуасэ
хуэхъуфахэкъым, Кавказ зэуэжьым лъэпкъым адыгэхэм
лъапсэрых къахуихьам и гущӏыӏужкӏэ я хэкур зэрыра -
гъэбгынам къыхэкӏкӏэ и щӏэнхабзэми къызэрымыкӏуэу
хэщӏыныгъэ хьэлъэ игъуэтащ. Къыкӏэлъыкӏуэ илъэсищэм
нэрыгъыу гуащӏэдэкӏ ирахьэлӏэурэ адыгэ щӏэнхабзэм и
зыныкъуэ зэфӏэгъэувэжын яхузэфӏэкӏащ гъуазэ пэрытхэм
– адыгэ тхыгъэбэр япэу хьэрып хьэрфкӏэ, къыкӏэлъыкӏуэу
vi