Page 32 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 32
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Макӏуэ-мажэ махуэр йокӏыр.
Упщӏэ яхызодзэ:—
«Пщэдей махуэм хъуну пӏэрэ
Адэкӏэ къыпыздзэ?»
«Нэгъэсыжыт къебгъэжьамэ,»
Щыми къысӏурадзэ.
Телъэджыщӏым и таурыхъыр
Хуэму зэлъэщӏохьэ,
Ауэ дахэу зэгъэкӏуами
Ӏуащхъу-бзэщхъу куэд къыхохьэ…
Кхъуэфэжьейр къыдогъазэ.
Дыгъэр хуэму къохьэ.
Махуэм псысэ зэхэслъхьари,
Гъатхэм и ӏэужьу,
Сэ хузощӏ Алисэ тыгъэ
Жэщ къэхъуху семыжьэу.
Къыхуренэ си щӏэину
Телъыджэщӏ лъэужьыр!
6