Page 35 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 35

Т ХЬ Э КӀ У М Э КӀ Ы ХЬ Ы ГЪ УЭ М У И ПЩХЬ Э М Э

               Япэу гъуэр хуэзанщӏэу кӏуэт, ауэ, куэд дэмыкӏыу, гъуэм
             зыригъэзыхащ задэу. Псыкъуий куушхуэм ихуа умыщӏэу Алисэ
             екӏурэхащ. Пщащэр быбт хуэм-хуэмурэ мыгузавэу. Щымы -
             гузавэкӏэ зэмани иӏэт ихъуреягъым зиплъыхьыну, абы игущӏы -
             ӏужкӏи—адэкӏэ къыпэщылъми егупсысыжыну.
               Гурыӏуэгъуэщи, псом япэ пщащэр еплъыхащ, дэнэ секӏурэхрэ,
             жиӏэу, ауэ кӏыфӏым сыт щыплъагъунур?—кӏыфӏ фӏыцӏагъуэщ.
             Итӏанэ гъуэм и блынхэм и нэхэр тригъэпсыхьащ,—ихъуреягъкӏэ
             гъуэ джабэм кърекӏуэкӏыу сырэхэмрэ тхылъ дапхъэхэмрэ зэтету
             къехт. Адэкӏэ-мыдэкӏэ сурэт цӏыкӏухэмрэ щӏынапэрылъхэмрэ
             пылът. Зделъэтэхым, Алисэ зы дапхъэм къытрипхъуэтыкӏащ
             абдж кӏадэ «ТӀАМЫГЬЭВЫГЪЭ», жэуэ, тедзауэ… Кӏадэр
             нэщӏу къыщӏэкӏащ. Щӏегъуэжа щхьэкӏэ, Алисэ абдж кӏадэр
             хэфӏидзакъым, зыгуэрым и щхьэм техуэмэ, жери. Дахэ цӏыкӏуу
             дапхъэм тригъэувэжыфащ.
               «Солъатэри-солъатэ, иджы сылъатэу сесащи,» и щхьэм
             хупсэлъэжурэ жиӏащ Алисэ, «дэкӏуеяпӏэм сыкъекӏурэхми
             сыгъынукъым! „Афэрым!“ къызжаӏэнущ. Дэкӏуеяпӏэ щыгъэ ты -
             жауэ, унащхьэм сыкъекӏурэхми, иджы зы цӏутӏи жысӏэнукъым!»
             (Ар пэжу къыщӏэкӏынщ, унащхьэм къекӏурэхамэ «Цӏутӏ»
             хужыӏэжынут!)
               Алисэ псалъэми, мыпсалъэми къекӏурэхт, къекӏурэхт, къекӏу -
             рэхт.  Атӏэ зэгуэрэм иухыну къекӏурэхын?... «Гъэщӏэ гъунщ,
             дапщэ секӏурэхауэ пӏэрэ?» щӏэупщӏащ пщащэр. «Щӏы хъурейм и
             купсэм и курыкупсэм сынэсауэ къыщӏэкӏынщ,» езыр езыру и
             упщӏэм жыуап иритыжащ. «Зы километр миних, е апхуэдиз
             гуэрэщ…» (флъагъурэ, Алисэ еджапӏэм кӏуэн щӏидзагъыхэти,
             дерс къиубыдахэр и щхьэм къыщыкӏыжым,  имыгъуэ щхьэкӏэ
             зыхуэубыдакъым къимыӏуэтэн—тӏум щыгъуэкӏи зыми зэхих -
             тэкъыми). «Сытми апхуэдэ гуэрэщ,» къыпидзащ Алисэ. «Дэнэ
             сыщыӏэу пӏэрэ иджыпсту Щӏыхъурейм и бгъуагъ-кӏыхьа гъхэм -
             кӏэ?» (Пэжу жыпӏэмэ, мащӏэт а цӏыкӏум хицӏыхукӏыр «Щӏыхъу -
             рейм и бгъуагъ-кӏыхагъэхэм». А псалъэхэм я жыӏэкӏэ дахэхэм я

                                                                       9
   30   31   32   33   34   35   36   37   38   39   40