Page 38 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 38

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


         закъуэр ихуэнутэкъым. «Си щхьэр  ихуатэмэ, щхьэзакъуэ -
         ныгъэм ихьынут, си ӏэпкълъпкъ имыхуам егупсысурэ. Хьэуэ,»
         жиӏащ абы, «щхьэ пфӏэтмэ, нэхъыфӏщ!» «Мыдэ,» къыпидзащ
         тхьэусыхэурэ Алисэ, «щхьэ сэ иныжь зэкӏэ лъы мыкӏуэу сызэ -
         кӏуэцӏылъ! Зэкӏуэцӏылъхьэжа жыжьаплъэ бжьэмийм хуэдэу
         зызэкӏуэцӏыслъхьэжыфатэмэ, зызэкӏуэцӏы слъхьэжынт. Узэропщ -
         хьэжри—зэфэкӏащ! Зыгуэрым сызы рыпщхьэжу сригъэ сэтэмэ,
         мис иджыпсту си фэм сипщхьэжынт.» (Фэри иджыпсту Алисэ и
         пӏэм фитатэмэ, къикӏуэт фиӏэнутэкъым, пэжкъэ—тхьэкумэ кӏы -
         хьыгъуэм ущискӏэ, къэмыхъунрэ пхузэфӏэмыкӏынрэ мы дунеиш -
         хуэм тет? Къэмыхъуныр къэхъуауэ хэт махуэ къэс зылъагъур?)































           Бжэм уӏусыну мыхьэнэ иӏэтэкъыми, Алисэ ӏэнэмкӏэ къигъэ -
         зэжащ, нэгъуэщӏ ӏункӏыбзэӏух е зызэрызэкӏуэцӏалъхьэж ӏэмалхэр
         иту тхылъ телъмэ, жери. Ӏункӏыбзэӏухи тхылъи ӏэнэм телътэкъым.
         Ауэ зы бащырбэ пкъы цӏыкӏу тетт ӏэнэм, тхэлъымпӏэ кӏапэ
         кӏэрыщӏэжауэ.     Тхэлъымпӏэм     хъэрфышхуэкӏэ     тедзат:
         «КЪЫЗЭФЭ!», жэуэ.

         12
   33   34   35   36   37   38   39   40   41   42   43