Page 39 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 39
Т ХЬ Э КӀ У М Э КӀ Ы ХЬ Ы ГЪ УЭ М У И ПЩХЬ Э М Э
Алисэ пщащэ ӏущ цӏыкӏути и гурыӏупс къажэми, тхылъыпмпӏэм
къижриӏам едаӏуэу, гузэвэгъуэкӏэ ефакъым. «Хьэуэ,» жиӏащ пща -
щэм, «япэ щхьэкъупщхьэ е „щхъухь дыдж“ жэуэ тетрэ темытрэ
сеплъынщ.» Флагъурэ, Алисэ тхылъ цӏыкӏу куэд щӏиджыкӏат:
сабийхэр мафӏэсым илыгъуэу е хьэкӏэкъуэкӏэхэм яшхыу—а псори
жыӏэмыдаӏуэхэрат къызыщыщӏыр. Къэплъа пэрыӏэбэр куэдрэ
пӏыгъмэ, икӏэм икӏэжым, уес (ар дэгъуэу Алисэ ищӏэт). Е сэкӏэ
ӏэхъуамбэм улъэӏусмэ,—ӏэхъуамбэм, и нэхъыбэм, лъы къож.
«Щхъухь дыдж» е щхьэкъупщхьэ зытедза бащырбэм куэд
къыхэпфыкӏмэ, фӏэкӏ имыӏэу, уи ныбэр ӏей дыдэу узынущ. Мис а
нэщэнэр Алисэ и гум быдэу ириубыдат.
Сытми, пщащэр гушхуэри еӏубащ. Зэфар ӏэфӏ ӏурыхъухьри
(шэдыгъуэ, къуей хэха, хъыруан, джэд шыпс, кхъужь мыхъу, лы
13