Page 42 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 42

II E ДЗЫГЪУЭ



                           Нэпс Уэр






                  ӏуэ пэтми, нэхъ гъэнщӏа гъуанэр мэхъу!» гузавэу,
       «Кпсыпцӏэ къамылу дэжея Алисэ къэгуэуащ (кӏуэ пэтми
         нэхъ гъэщӏэгъуэн мэхъу,—жиӏэну хуеят). Къыщыщӏар апхуэ дизу
         игъэщӏэгъуати аргъуей бзагуэу пщащэм псэлъэкӏэ зы дакъикъэкӏэ
         щыгъупщэжащ. Жьы тӏэкӏу ишэжри, къыпидзащ: «Иджы
         сызэкӏуэцӏокӏ, зэрыж жыжьаплъэм хуэдэу. Фӏыкӏэ, си лъакъуэ
         цӏыкӏухэ!» (И лъакъуэхэр, шкӏэ делэ цӏывам хуэдэу, асыхьэтым
         пэжыжьэ хъуащ, иджыри зы дакъикъэ текӏмэ—плъагъужын-
         умылъагъужын хуэдэу.) «Си лъакъуэ ӏэфӏ цӏыкӏухэ! Хэт фэ
         лъэпэдрэ вакъэрэ къыфщитӏэгъэн иджы? Апхуэдизу дызэпэ -
         жыжьэ хъуащи, зы ӏуэхуи зэхудиӏэжкъым. Фи щхьэ зеф хьэжын
         къыфхудэхуэнущ!» Алисэ хэгупсысыхьащ: «Си лъа къуэхэр
         къэгужьейуэ шынэхэмэ-щэ? Нэхъ дахэу япсэлъэн хуейщ. Абыхэм
         я щхьэ зэрахьэжмэ, гъуэгу махуэ ежьэжы нухэщ… Ауэ пэжу
         жыпӏэмэ, лъакъуэхэм щхьэ яӏэкъым, сэ си щхьэращ абыхэм
         зэрахьэн хуейр». Ягу згъэфӏынщ жери и лъакъуэхэм яхуегуо у -
         хащ: «Сэ фэ сыт щыгъуэкӏи фӏы дыдэу фыслъэгъунущ. Хъуромэ
         махуэми вакъэ зэрыз ӏэужь-лъэужь ныфхуэсщӏынущ!»

         16
   37   38   39   40   41   42   43   44   45   46   47