Page 45 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 45

Н Э ПС У Э Р








































               «Даурэ щымытами сэ сы-Ланэкъым!» тегъэчынауэ жиӏащ
             Алисэ. «Абы и щхьэцӏыр баринэщ, сысейр захуэщ. Икӏи сы-
             Къанзилэкъым. Абырэ сэрэ дызэплъыт хъуну?! Абы елытамэ сэ
             нэхъыбэ сощӏэ. Гъэщӏэгъуэнщ, сэ сыщӏэу щытар сыцӏыхужрэ?
             Сымыцӏыхужмэ—сэ Алисэкъым—сынэгъущӏ гуэрэщ: Плӏыр плӏэ
             къапщтэмэ пщыкӏуз хъунущ. Плӏыр тхуэ къыпщтэмэ—пщыкӏутӏ.
             Плӏыр хэ къапщтэмэ—пщыкӏущ, плӏыр блэ… Апхуэдэурэ сэ
             тӏощӏым зэи сынэсынукъым… Адэкӏэ: Щӏыщӏэныгъэмкӏэ зыдгъэ -
             зэнщ. Лондэн—Париж и къалащхьэщ, Париж—Рим и
             къэлащхьэщ, Римыр… Хьэуэ, тэрэзкъым… Сэ сы-Къанзилэу
             къыщӏэкӏынщ… Усэ! „Фӏыуэ слъагъум зыри къыримыдзэ…“
             жыхуиӏэ усэм сыкъеджэнщ.» Захуабзэу пщащэр уври, дерс

                                                                      19
   40   41   42   43   44   45   46   47   48   49   50