Page 48 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 48
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Итӏани сыӏущ цӏыкӏуу жаӏэ,» и щхьэм хуэгубжьыжащ Алисэ
ӏуфэм есылӏэн пылъыурэ. «Мис иджы дэгъуэу уатхьэлэжынщ уи
нэпс дыдэхэм (атӏэ, емыкӏукъэ, уи нэпсхэм ухитхьэлыхьыжмэ).
Дэгъуэр къыпщыщӏащ! Ауэ уегупсысмэ къысщыщӏар къызыры -
мыкӏуэу акъыл иувэпӏэншэщ. Арщхьэкӏэ нобэ къэхъу псори
акъылым пхуигъэувэфынукъым.»
Алисэ и гукъеуэхэм псы макъ къэӏуам къыпыришащ. И гъунэ -
гъубзэу зыгуэрым апхуэдизу ину «цӏампӏ-цӏампӏ» жэуэ псым
хэухьыу щӏидзати, пщащэм гурыщхъуэ ищӏащ ар хьэщхьэ -
вылъэу, е жэму. Тӏэкӏуи къэшынащ, итӏанэ зэрыцӏыкӏужьейр игу
къыщыкӏыжым (тӏум щыгъуэкӏи сыкъилъагъунукъым, жыхуиӏэу),
нэхъ гъунэгъуу есылӏащ. Къилъэгъуар сыт?—Дзыгъуэ цӏыкӏу!
Ари псым и щхьэр къызэрыхихыжынум пылът.
«Дзыгъуэм сепсэлъэн? Хьэмэ семыпсэлъэн?» хэдэурэ егупсысащ
Алисэ.«Нобэ къэхъуам ялеижкъым, дзыгъуэр псэлъэфу къы -
щӏэкӏмэ,» жери Алисэ, и гур зэригъэубыдри, зыхуигъэзащ Дзы -
гъуэм: «Уэ ди Дзыгъуэр!» Дзыгъуэм апхуэдэу зыхуэбгъэзэн хуейуэ
къилъытащ Алисэ (аращ, зэрегупсысамкӏэ дзыгъуэм игу къе -
мыуэн щхьэкӏэ пщӏэ хуэпщӏу узэреджэн хуейр). «Си гур зэпы -
щӏащ псым сесурэ. Мы псы хъурейм и къэхэкӏыжыпӏэр умыщӏэу
пӏэрэ уэ Дзыгъуэм?» (Зы дзыгъи Алисэ зэи епсэлъэн и гъащӏэм
къыхудэхуатэкъым, ауэ и дэлъхум и тхылъым «Дзыгъуэ» псалъэр
зэраӏуантӏэр иту зэрилъэгъуар занщӏэу игу къэкӏыжащ: «Цӏэры -
джэ (именительнэ падеж)—Дзыгъуэ-р; Щӏэрыджэ (эрга тивнэ
падеж)—Дзыгъуэ-м; Хуэгъэзэджэ (послеложнэ падеж)—
Дзыгъуэ-мкӏэ; Къыхэхыджэ (обстоятельнэ падеж)—Дзыгъуэ-у.»)
Дзыгъуэр Алисэ нэбгъузкӏэ къыхуеплъэкӏри, накӏэ ищӏащ (е
апхуэдэу къыщыхъуа пщащэм), ауэ зыри къыжриӏакъым.
«Адыгэбзэ къыгурымыӏуэу пӏэрэ?» къэгузэващ Алисэ, «Нэ -
гъуеймэ-щэ? Е лъакъуэ пцӏанэ и бынхэм ящыщу псэукӏэ дигъэ -
щӏэну къытхуеблэгъамэ щэ? Е франджыуэ пӏэрэ? (Алисэ тхыдэр
къызэрымыкӏуэу ищӏэ щхьэкӏэ, пэжу жыпӏэмэ, къэхъуари къы -
щӏэхъуари быдэу хищӏыкӏтэкъым). Дзыгъуэм еплъыпэри: «Хьэуэ,
нэгъуеифэ теткъым, мыр франджыуэ къыщӏэкӏынщ», жери, Алисэ
22