Page 52 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 52
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
тӏыси фыкъызэдаӏуэ,» жиӏащ абы, «иджыпступцӏэ псори псын -
щӏэу фыкъэзгъэгъущыжынщ.» Псэущхьэхэр Дзыгъуэм къетӏысэ -
кӏащ. Алисэ цӏыкӏуи и тхьэкӏумэхэр игъэжащ (псынщӏэу мыгъу -
щыжмэ пыф-сыф къызэреуэлӏэным шэч къытрихьэтэкъым).
«Ӏыхьу!» къыхэпсчыкӏри, Дзыгъуэм къыщӏидзащ, «Сызэры гу -
гъэмкӏэ, фыхьэзырщ. Еуащ аби, „басхъагъхэр Шэнджыр
къакӏуэри Шегъакъхэ Хъурэфлей и къуэ Инал-нэху ираджащ,
къатеуэ азгъахэм зауэ иращӏылӏэну. Инал-нэху азгъахэм ятеуэри
и дамэм щӏэувэну иригъэзахэщ. Ену, зафӏэӏущужу, я гъащӏэр
зэгъузэрылӏэу къэзыхьхэр игъэбэяужат.“»
«Б-рррр!» щӏыӏэм иудэ Дэдукъуш Бзэгъафӏэм ерагъыу къыжьэ -
дэкӏащ.
«Къысхуэгъэгъу,» фэрыщӏыгъэ зытригъауэурэ, жиӏащ Дзы -
гъуэм, «зыгуэрэ жыпӏа хьэмэ къысфӏэщӏа?»
«Сэри? Зыри!» и дамэхэр игъэсысащ Дэдукъуш Бзэгъафӏэм.
«Апщыгъуэ къысщыхъуауэ къыщӏэкӏынщ,» Бзэгъафӏэм и нэм
щӏэплъэурэ жиӏащ Дзыгъуэм, «Адэкӏэ пыздзэ хъуну?» Жэуапым
емыжьэу, хъыбарыр аргуэру иришэжьэжащ Дзыгъуэм. «„Инал-
26