Page 49 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 49
Н Э ПС У Э Р
Дзыгъуэм еупщӏащ: «Où est ma chatte?» Дзыгъуэр псым здыхэсым
плъагъуу къэтхытхащ. «Кхъыӏэ, къысхуэгъэгъу, Дзыгъуэ дахэ!»
иман къихьащ Алисэ, дзыгъуэм игу къызэрыригъэуар къыщы -
гурыӏуэжым. «Сэ уэ джэду фӏыуэ зэромылъагъум сегупсысакъым.»
«Джэду фӏыуэ зэромылъагъум,» зыпищӏыжыурэ пщащэм, жи -
ӏащ Дзагъуэм, «Атӏэ сэ си пӏэ утатэмэ, уэ плъагъунут?»
«Слъагъуну къыщӏэкӏынтэкъым,» жиӏар игъэпэжыжу и нэр
зэтрипӏащ Алисэ. «Умыгубжь къудей, Дзыгъуэ-дахэ!» зыкъи -
гъэщэбащ Алисэ. «Ауэ си Динэ, слъэкӏатэмэ, нэӏуасэ ухуэсщӏынт!
А цӏыкӏур плъэгъуатэмэ, джэдууэ хъуар фӏы дыдэу къэплъэгъунт,»
ахэр жиӏэурэ Алисэ Дзыгъуэм есылӏащ. «Ар зыуэ дахащэу
мэгъурнаури хьэкум зыщригъэукӏэ. Дахэ дыдэу зетхьэщӏ и лъабэ
цӏыкӏухэмкӏэ. Си куэщӏым щискӏэ зыуэ щабэ цӏыкӏущи. Плъэ -
гъуащэрэт абы дзыгъуэ къызэриубыдыр… Ау, къысхугъэгъу!»
аргэуру Алисэ къэуӏэбжьащ, дзыгъуэм ицхэр зэщӏэтэджауэ
щилъагъум. «Уигу темыхуэмэ, Дзыгъуэ-дахэ, фӏэкӏа зы джэдуи
сытепсэлъыхьыжынукъым.»
«Тепсэлъыхьын жыпӏа?» и пащӏэм къыщыщӏэдзауэ и кӏэм
щыщӏэкӏыжу Дзыгъуэр къэкӏэзызри, и нэм лъы къытелъэдащ.
«Егъащӏэм апхуэдэ къемыкӏу такъырым сытемыпсэлъыхьын!
Зэхэсхынуи сыхуейкъым! А мыхьэкӏэ-мыкхъуэкӏэ хьэкӏэ кхъуэ -
кӏэм ди унагъуэр зэи теплъэ хъуакъым! Фӏэкӏа зэхызомыгъэх!»
«Зэи, зэи, Дзыгъуэ-дахэ,» жиӏащ Алисэ псалъэр ихъуэжын и
мураду. « А … уэ … хьэхэр… фӏыуэ… плъыгъурэ?» Дзыгъуэм
зыри жиӏакъым. «Ди гъунэгъуу зы хьэмаскӏэ дахащэ цӏыкӏу
псэути, плъэгъуащэрэт!» гуфӏэжу къыпидзащ Алисэ. «Мис абыи
нэӏуасэ ухуэсщӏынт. И нэ цӏыкӏухэр мэцӏу, езыр бацэ цӏыкӏу—пу-
пу! Имыщӏэ щыӏэкъым, ухуеймэ тӏысынущ, ухуеймэ гъуэлъынущ,
ухуеймэ баш къыпхуихьыжынущ. Минищэ къызатэми си хьэ
цӏыкӏур зыми естункъым, хьэмаскӏэр зейм жиӏэт, апхуэдизу фӏыуэ
илъагъути. Щӏимылъагъунур сыт—дунейр сэбэпу къехь. Зы
дзыгъуэшхуи дзыгъуэ цӏыкӏуи къигъанэкъым… А, ди Тхьэ, сыту
къемызэгъшуууэ сыӏэдэбыншэ!» зыкъищӏэжри Алисэ и жьэр ӏэкӏэ
иубыдащ. Дзыгъуэ насыпыншэр и къарум къызэрихькӏэ ӏэпэӏудз
23