Page 53 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 53

П ХЪ Э РЖ Э Р Ы ГЪ Э Х Ь ЭУ Л Е ЙР Э  Ӏ УА Т Э  КӀ Ы ХЬР Э

             нэху Ныджэпсыхъуэ тӏысыпӏэ ищӏа щхьэкӏэ куржыхэм ар ямыдэу
             къеныкъуэкъуу щӏадзащ. Азгъахэм я тхьэмадэшхуэ Мэлакъий
             къыщигъуэтэщ куржыхэм я деж тегъэщӏапӏэ.“»
               «Сыт, жыпӏа, къигъуэтар?» фӏэгъэщӏэгъуэну щӏэупщӏащ Къаз
             Бий бабыщыр.
               «Лъыхъуэм сыт къигъуэтыр?» къэгубжьащ Дзыгъуэр.
               «Сэ сщӏэрэ?» жыуап итыжащ бабыщым. « Сэ сылъыхъуэмэ,
             хьэмбылу е хьэндыркъуакъуэщ къэзгъуэтыр.»
               Дзыгъуэм Къаз Бийм жиӏэхэр ауи къримыдзэу и хъыбарым
             пидзэжащ: «„Арати куржыхэм ар ямыдэу дзэххэм къебгъэ ры -
             кӏуэу щӏадзащ. Инал-нэху дзэр зэщӏикъуэри куржыхэр иригъэ -
             кӏуэтащ. Зэман текӏри, куржыхэм япщ Дэдиан лъыщӏэж къыхуэ -
             кӏуащ, ауэ Инал-нэху абы и дзэр зэтрикъутэри Дадианрэ и
             уэркъхэмрэ гъэр ищӏащ. Сытми, тхьэмадэшхуэ Дадианрэ и уэр -
             къхэмрэ гъэрым къришыжын и гугъэу Инал-нэху лъэӏуакӏуэ
             Мэлакъий къыхуэкӏуащ…“ Даурэ ущыӏэ, си псэм хуэдэ?»
             нэпӏэзыпӏэм зэпиудри и хъыбарыр, Дзыгъуэр Алисэ еупщӏащ.
             «Угъущыжрэ?»
               «Хьэуэ,» жиӏащ Алисэ, «нэхъри нэхъ цӏынэ сохъу. Уи хъыба -
             рыр ауэми къысщхьэпэкъым!»
               «Апхуэдэу щыхъукӏэ,» къызэфӏэувэри и пщэр хишыурэ жиӏащ
             Джэд Иным, «зы псалъэ ныфхызолъхьэ: мы пэкӏур абы фӏэмы -
             кӏыу зэбгрыгъэкӏын хуейуэ къызолъытэри икӏи ди къарум къи -
             хьыр псынщӏэу етхьэлӏэу…»
               «Ухьэхьей, ирикъуа къыффӏэщӏкъэ уи щхьэкъутэныр?» зэпиу -
             дыщ абы и псалъэхэр Бгъэшыр Уэдым. «Жыпӏам и ныкъуэ щанэр
             къызгурыӏуакъым, къызэрызщыхъумкӏэ, уэри къыбгуры ӏуэж -
             къым жыпӏахэр.» Бзухэр щыдыхьэшхым, Бгъэшыр Уэдым и
             щхьэ щӏыбыр къигъэзащ, езыри къэзэрищиудар яримыгъэ -
             лъэгъун щхьэкӏэ.
               «Сэ жысӏэну сызыхуеяр зы закъуэщ,» жиӏащ зигъэгусэурэ
             Джэд Иным, «дэ дызэрыт щытыкӏэм дыкъизышыжынур зыщ:
             Къэжыхь-нэжыхь хъурейращ. Мис абы дигъэгъущыжынущ.»

                                                                      27
   48   49   50   51   52   53   54   55   56   57   58