Page 58 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 58
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Къысхуэгъэгъу!» зы хьэрэмыгъэ хэмылъу жиӏащ Алисэ. «Сэ
сыкӏэлъыплъкъым, сэ сынодаӏуэ. Укъыздэувыӏар… етхуанэ къэ -
гъэзапӏэращ.»
«Делагъэ!» къэгубжьащ Дзыгъуэр. «Сыт щыгъуэкӏи делагъэщ
псоми жаӏэр. Сыужэгъуауэ схуэшэчыжкъым.»
«Сыт пхуэмышэчыр?» еупщӏащ Алисэ Дзыгъуэм дэӏэпыкъун
хьэзыру. «Хьэлъэ ӏей?»
«Ай, мыгъуэ, сыту хьэлъэ ущызэхамыщӏыкӏкэ!» жиӏэри Дзы -
гъуэм зигъэгусэпауэ къэтэджри ӏукӏуэтыкӏащ. «Делагъэ, аргуэру
делагъэ. Затеухэж абыхэм! Уэ пщащэ цӏыкӏум си жагъуэ пщӏыну
упылъ къысфӏощ!»
«Хьэуэ, хьэуэ!» жиӏащ Алисэ. «Си гум ауи къэкӏакъым, уэ
зыбгъэгусэурэ, зыгъэгусэным уесащи, зыбогъэгусэ мыхъумэ.»
Дзыгъуэм зыри жимыӏэу гъумэтӏымэри ежьэжащ.
«Зэ къэувыӏэ, Дзыгъуэ-дахэ!» кӏэлъыгуоуащ абы Алисэ.
«Кхъыӏэ, уи хъыбарыр нэгъэсыж.» Адрей псэущхьэхэми пщащэм
даӏыгъуу, зыр зым зэпиуду, щӏэлъэӏуахэщ: «Кхъыӏэ, къэгъэсыж,»
жари, ауэ Дзыгъуэм и щхьэр игъэсысри, и лъэбакъуэр хигъэ -
хъуэри еужьэрэкӏащ.
«Ахь, мыгъуэ, хъуакъым, си жагъуэщ ар зэрежьэжар,»
Дзыгъуэр къуагъым щыкъухьэжым, жиӏащ Дэдукъуш Бзэгъа -
фӏэм. И гъунэгъуу щыт Елыркъэшым и пхъум еущийуэ жриӏащ:
«Плъагъури, сипхъу, ар дерс хэха пхурехъу! Ӏэуэ уиӏэу хъуамкӏэ
зыбубыду быдэу, зыпӏыгъыфӏын хуейщ!»
«Нанэ,» жиӏащ Елыркъэшым и пхъум зэхуэмышыӏэу, «уэ
Нэщӏэпкӏэри и унэм къыщӏэпшынущ.»
«Си жагъуэщ си Динэ цӏыкӏур зэрызимыгъуэсэр!» зыми зыхуи -
мыгъазэу, ауэ псоми зэхахыу, жиӏащ Алисэ. «Псынщӏэ дыдэу а
Дзыгъуэр къытхуилъэфыжынут!»
«Къысхуэгъэгъу, а узытепсэлъыхь Динэр хэту пӏэрэ езы?»
щӏэупщӏащ Бзэгъафӏэр.
«Динэ жыхуэсӏэр ди джэду цӏыкӏуращ!» жиӏащ Алисэ. «Флъэ -
гъуащэрэт ар! Бзуи дзыгъуи къимыубыд щыӏэкъым, йопхъуэри
имыгъэпӏэтӏауэу, занщӏэу къеубыд!»
32