Page 61 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 61

Ш Ы НД Ы РХЪ УО Р Э У Э НЖ А КЪР Э

             лъэныкъуэр иригъэлъэгъуащ. Алисэ апхуэдизу ӏэнкун хъуати,
             зричри, Тхьэкӏумэкӏыхьым нэгъуэщӏ пщащэ гуэрым зэрыхигъэ -
             гъуэщар къыгурымыӏуэ щӏыкӏэ, щӏэпхъуащ къыжраӏар игъэзэ -
             щӏэну.
               «Унэӏут цӏыкӏу гуэрым сыхигъэгъуэщауэ къыщӏэкӏынщ,» егуп -
             сысащ ар здэжэм, «Ӏэйуэ игъэщӏэгъуэнщ абы зэрыгъуэщар къыгу -
             рыӏуэжмэ! Ауэ сэ, хъуар ирехъу, жьыхумрэ ӏэлъэхэмрэ къыхуэс -
             хьынщ. Дэнэ ахэр иджы къыздисхынур?» Сытми, апхуэдэу гуп -
             сысэхукӏэ, пщащэм и пащхьэм къихутащ зы унэ дахащэ цӏыкӏу.
             Бжэм къытецӏуукӏт унэр зеим и цӏэр зытедза гъуаплъэ такъыр:
             «Т. ХУЖЬ.» жэуэ. Алисэ бжэм емытӏыркъыу, унэм щӏэлъадэри,
             хьэщӏэщ пэшыр здэщыӏэ етӏуанэ къатым дэжеящ. Пщащэр гуза -
             вэт, Мери-ӏен дыдэр къыпэщӏэхуэу зэран къыхуэ хъункӏэ шынэти.
               «Гъэщӏэгъуэнкъэ ар, зэи сегупсысынтэкъым Тхьэкӏумэкӏыхьым
             и ӏуэхутхьэбзащӏэ сыхъуну!»  егупсысащ ар, «апхуэдэу кӏуэмэ
             Динэ цӏыкӏуи унафэ къысхуищӏу щӏидзэнщ!» Пщащэм и нэгу
             къыщӏигъэхьащ: «„Алисэ-дахэ, накӏуэ урамым, тӏэкӏу къэдгъэ -
             кӏухь!“—„Хьэуэ, хъунукъым, сэ Динэ унафэ къысхуищӏащ
             дзыгъуэм сещэурэ и гъуэр схъумэну.“ Динэ унафэ ищӏу щӏидзэмэ,
             а тхьэмыщкӏэр унэм къыщӏахунущ,» жери Алисэ и гупсысэр
             кӏэщӏу зэпиудащ.
               Сытми Алисэ щӏэпкӏащ зы пэш къабзэ цӏыкӏу гуэрым. Пщащэр
             зэрыгугъам худэу, ӏэлъэ зэгуэгъумрэ жьыхумрэ гъуджэм къыб -
             гъэдэт ӏэнэм телът. Алисэ ахэр къипхъуатэри плъамэ - зы бащыр -
             бэ пкъы цӏыкӏу тетщ ӏэнэм. Пэжу жыпӏэмэ, а бащырбэм кӏэрыщӏа -
             тэкъым тхылъымпӏэ кӏапэ «КЪЫЗЭФЭ!» жэуэ тедзауэ. Ауэ
             пщащэр мышынэу шкӏампӏыр къыӏуичри бащырбэр и ӏупэм
             хуихьащ. «Зэрыхъумкӏэ, зыгуэрэ сшхымэ е сефэмэ зы гъэщӏэ -
             гъуэн гуэр къысщощӏ,» егупсысащ Алисэ, «Иджыпсту мы бащыр -
             бэми деплъынщ! Ин сыкъэхъужатэмэ дэгъуэ дыдэт, сригъэзэшащ,
             цӏыв шырым хуэдэу, жьгъейуэ щытыным!»
               Пщащэм быщырбэм итыр къыщхьэпащ—иныкъуэри хифыкӏа -
             тэкъым пэшыщхьэм щыщӏэуам… Иныжьыщэ хъури зыкъи гъэ -
             шын къыхудэхуащ и пщэр зэримыудын щхьэкӏэ. Пщащэм

                                                                      35
   56   57   58   59   60   61   62   63   64   65   66