Page 65 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 65

Ш Ы НД Ы РХЪ УО Р Э У Э НЖ А КЪР Э

               «Зэрыхъур аращи, зиусхьэн—ар ӏэ цӏыкӏущ!»
               «Ӏэ цӏыкӏу жыпӏа?»
               «Атӏэ, ӏэ цӏыкӏущ!»
               «Ар ӏэ цӏыкӏумэ, Пэтӏи, уэ ушыдышхуэщ! А ӏэ цӏыкӏур ерагъыу
             щхьэгъубжэм йохуэ!»
               «Узэрыхуейщ, зиусхьэн. Ауэ пэжыр аращи—ар ӏэ цӏыкӏущ!»
               «Хуитщ, ӏэ цӏыкӏуми иреӏэцӏыкӏу, ауэ ар си щхьэгъубжэм къы -
             щӏыдэлэлын щыӏэкъым! Кӏуэи ӏух!»
               Мыбдежым псалъэ макъыр зэпыудри дакъикъэ зыбжанэкӏэ
             зыми и даущ пщащэм зэхихакъым—ӏущащэхэурэ псалъэу къы -
             щӏэкӏынт. Пэжыр жыпӏэнумэ, зэзэмызи пщащэм и тхьэкӏумэ
             кӏапэм псалъэ гуэрэхэр къиӏуэт: «Сигу ирихькъым а жыпӏэхэр,
             зиусхьэн, Тхьэ соӏуэ иримыхь!» «Къыбжаӏар гъэзащӏэ, шынэкъа -
             рабгъэжь!» Икӏэм икӏэжым, Алисэ зыхуэмышэчу, и ӏэр ишийри
             аргуэру пхъуащ—макъитӏ къэцӏуури, абдж щащэм и макъыр
             нэхъ иныжу къэӏуащ. «Сытемынэ хуабэрылъэ яӏэ мыбыхэм,»
             егупсысащ зэблэӏуэнтӏауэ щыс пщащэр. «Гъэщӏэгъунщ—сыт
             иджы абыхэм къагупсысар? „Кӏуэи ӏух“!? Сыгуфӏэжу ӏусхынт
             схузэфӏэкӏамэ! Абыхэм  сыкъыралъэфыжатэмэ, дэгъуэ дыдэ
             хъунут!»
               Зыкъуомрэ Алисэ зыри зэхихакъым. Итӏанэ гу цӏыкӏу гуэрым
             и шархъ кӏыргъ макъ и тхьэкӏумэм къиӏуащ. Абы иужь иту
             зэхихащ уэршэрыгъэ: «Дэнэ щыӏэ пкӏэлъейр?—Сэ зы къэсхьащ,
             адрейр Былэ иӏыгъщ.—Ей, Былэ, мыдэ къэлъэф!—Мо къуа -
             пэмкӏэ къэув!—Зэ фыувыӏэ, япэ щӏыкӏэ, зэдывгъэпх, ар мыхъумэ
             дынэсынукъым!—Умышынэ, дэнэ укӏуэну унэмысу!—Ей, Былэ,
             къэубыд кӏапсэр!—Унащхьэм дишэчыну?—Фыхуэсакъ! Зы чэр -
             пицэм и псэ ӏут къудейщ.—Уэуий, маржэ, къокӏурэх, къо кӏурэх!»
             (Быргъ-сыргъ макъ.) «Хэт а жьэкӏэ бадзэ ещэр?—Хэт, хэт?
             Былэкъэ, хэт нэгъуэщӏ?—Кхъуэн и къуэцу ӏуэхур зэхэ зытхъуэ -
             фыр аращ атӏэ!—Ар ӏуэхутэкъым, хэт бжьэмийм ипщхьэ нур?
             Уэра?—Ухуеймэ уэ ипщхьэ!—Къэбгъуэтаи делэжь!—Былэ иры -
             репщхьэ.—Былэ, уэрауэ жаӏэ къызытехуэр!—Ей, Былэ,

                                                                      39
   60   61   62   63   64   65   66   67   68   69   70