Page 67 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 67
Ш Ы НД Ы РХЪ УО Р Э У Э НЖ А КЪР Э
къызгурыӏуэжкъым… Фыкъыскӏэрыкӏ адэ псори!... Тӏэкӏу зы -
къэсщӏэжащ, ауэ иджыри си щхьэм пшагъуэ итщ… Жызори
зыри къызгурыӏуэкъым, зыгуэр уаргу жэуэ къыскӏэщӏэуэри,
фтрейуэ сыкъридзащ уэнжакъым!»
«Пэжщ жиӏэр, къридзащ!» щыхьэт хъуащ псори.
«Унэр гъэсын хуейщ,» къахилъхьащ Тхьэкӏумэкӏыхьым псалъэ.
Алисэ ар щызэхихым, и макъым къызэрихькӏэ къахэгуоуащ: «Ауэ
феплъыт, Динэ итӏанэ ныфхэзутӏыпщхьэнщ!»
Аргуру щым щыхъум, Алисэ къэгузэващ: «Сыт иджыри мыбы -
хэм къэгупсысар? Щхьэ гуэр яфӏэтатэмэ, унащхьэр трахынт,»
жери. Дакъикъэ зыбжанэ дэкӏауэ, урамым аргуэру зэрызехьэ
макъ къызэщӏэушам Тхьэкӏумэкӏыхьым и псалъэхэр къыхэ -
ӏукӏащ: «Япэ щӏыкӏэ, зы ӏэрыгъажэ гу цӏыкӏури ирикъунущ, ауэ
ивубэурэ изыбзэу ифкӏутэ.»
«Сыт хуэдэ гу цӏыкӏу? Сыт иракӏутэр?» къэгузэващ Алисэ. Ауэ
кудрэ ежьэн къыхудэхуакъым—щхьэгъубжэм, уэ къехым хуэдэу,
мывэ щыкъуей къыдэлъалъэри зытӏущ и нэкӏум къытехуащ.
«Фыувыӏэ, дунейр зытетыр фызгъэлъэгъунщ!» Алисэ щхьэгъуб -
жэмкӏэ щигуоукӏым, псори щым хъуащ.
Лъэгум щеплъыхэм илъэгъуар фӏэгъуэщӏэгъуэн къэхъуащ
пщащэм—мывэтэкъым къыщӏадзар—утыкум ӏэфӏ-ӏуфӏт илъыр.
«Мы ӏэфӏ-ӏуфӏхэм ящыщ зыӏуслъхьэмэ,» егупсысащ ар, «е иджыри
нэхъ ин сыхъунщ, е цӏыкӏу сыхъужынщ. Дауэ щымытми, «сызэ -
рыхъуам нэхъ ин сыхъужынкъэм!»—Ар пэжу къыщӏэкӏмэ, ехьэкӏ
имыӏэу, цӏыкӏу сыхъун хуейщ. Хъуа-мыхъуами соплъ!»
Зы ӏэфӏ-ӏуфӏ Алисэ къищтэри, зэ щхьэкӏэ тӏэкӏу къыгуи -
дзэкъикӏщ, еплъри, итӏэнэ зэрыӏэфӏ-ӏуфӏу жьэдидзащ. Цӏыкӏу
хъууэ щилъагъум, пщащэр къызэрымыкӏуэу къэгуфӏащ… Бжэм
дэхуэн щыхъужым, Алисэ къыщылъэтщ, зыричри унэм къэщӏэ -
цӏэфтащ. Пщӏантӏэм дэзу дэтт хьэкӏэкхъуэкӏэхэмрэ бзухэмрэ
удзыпцӏэм укъуэдияуэ хэлъ Былэ—щындырхъуо щхъуантӏэ
цӏыкӏур къауфэрэзыхьауэ. Псэущхьэхэр, Алисэ къыщалъагъум,
къыщӏэпхъуа щхьэкӏэ, ахэр зылъэщӏимыгъэхьэу пщащэр
41