Page 69 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 69

Ш Ы НД Ы РХЪ УО Р Э У Э НЖ А КЪР Э

               Хьэвшыр бацэ инышхуэ и нэ цӏуухэр къытригъэнауэ къыхуеп -
             лъыхт. Хьэвшырым и лъапэр къишиящт, къылъэӏусын и мураду.
             «А си хьэ нэӏуцэ цӏыкӏу (Алисэ елъытамэ иныжьышхуэт), си
             тхьэмыщкӏэ цӏыкӏу…,» зигъэфэрыщӏыурэ жиӏащ Алисэ. Хьэв -
             шырым тӏэкӏуи ефий хуэдэу зищӏа щхьэкӏэ, щынэм зэщӏиубыдати,
             фий макъ тэрэз къыжьэдэкӏакъым. «Мы хьэвшыр цӏыкӏушхуэр
             мэжалӏэу къыщӏэкӏмэ, сыунэхъужащ,» къэгузавэри жиӏащ
             пщащэм.
               Алисэ, ищӏэм егупсысын нэмысу, зригъэзыхщ, баш къищтэри
             хьэвшырым хуишиящ. Хьэвшырыр къэгуфӏэри, дэпкӏей-къеп -
             кӏыхри, башым зыщыхищӏэм. Алисэ, хьэр къытеувэнкӏэ къэшы -
             нэри, кхъуэбанэ чыцэм щхьэхьыу зыхидзащ. Хьэвшырым башыр
             къэжьэдэхури къищтэжыну щепхъуэм, цӏантхъуэри, и лъакъуэ -
             хэр дэгъэзеяуэ къэбырфащ. И гур зэригъэубыду чыцэм къыхэп -
             лъа пщащэм ар щилъагъум—«Адыдыд, шым гъуэргъуапщкӏуэ удэ -
             джэгури мыри тӏури зыщ—уипӏытӏынущи, узэрипӏытӏар къыгу -
             рыӏуэнукъым!»—жиӏэри Алисэ чыцэм зыхиӏужащ. Сытми
             апхуэдэурэ башым ириджэгуурэ хьэвшырыр езэшыпэри, етӏысэ -
             хащ и бзэгур къилэлу, и нэшхуэхэр игъэупӏэрапӏэу.
               Алисэ а дэкъикъэр къигъэсэбэпри, зэман имыгъэкӏуэду щӏэп -
             хъуэри, и псэр пыхухукӏэ зэпымыууэ жащ. Хьэвшырым и банэ
             макъыр зэхимыхыж щыхъум, хьэчэу къэзэщӏэувыӏыкӏащ.
               «Сыту хьэвшыр дахэ цӏыкӏут,» пэлъауэ зызригъэщӏам и тхьэм -
             пэмкӏэ жьы зыщӏригъахуэурэ жиӏащ Алисэ. «Апхуэдэ зы хьэ
             цӏыкӏу сиӏащэрэт! Сыдэджэгунт, згъэсэнт, ауэ… япэ сызэрыщыта
             инагъым сиувэжын хуейщ. Аращи—псом япэ  ин сыхъужын
             хуейщ! Ауэ сыт сщӏэн, сыт сшхын, сыт сефэн? Иджыпсту си
             дежкӏэ упщӏэ нэхъущхьэр—„Сыт?“»
               Мис а «Сытыр» упщӏэ хьэлъэт,  сыту жыпӏэмэ—Алисэ сыт
             худизу зимыплъыхьами удзыпцӏэрэ удз гъэгъарэ жыг тхьэмпэрэ
             фӏэкӏа илъагъутэкъым: зы такъыр пшхыну е ипфыну щыӏэтэкъым.
             Пэжу, мыжыжьэу зы ӏэгъэбэгу мытӏыр щытт. Ӏэгъэбэгур езы
             Алисэ нэхърэ мынэхъ инмэ, нэхъ цӏыкӏутэкъым. Алисэ ӏэгъэбэгур

                                                                      43
   64   65   66   67   68   69   70   71   72   73   74