Page 71 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 71

V E ДЗЫГЪУЭ




               Хьэмбылу Щхъуантӏэм


                             и Чэнджэщ






                        ыгъыныхь щхъуантӏэмрэ Алисэрэ зыкъомрэ, зыри
             Щжамыӏэу, зэплъахэщ, икӏэм икӏэжым, хьэмбылум и
             жьэм лулэр къыжьэдихри, хуей-хуэмей хуэдэу зэпищурэ, жиӏащ:
               «Уэ-у-хэт?»
               Абы нэхъ пхэнжу нэӏуасэ зызэрыхуащӏ упщӏэ бгъуэтыжын -
             тэкъым: Алисэ занщӏу ӏэнкун къэхъуащ. «Плъагъурэ… плъагъурэ
             зиусхьэн… сэ… сэ къызгурыӏуэжкъым сыхэтми. Хьэуэ, зэ щхьэ -
             кӏэ, мытэмэм дыдэу сощӏэ пщэдджыжьым сыкъыщытэджам сызи -
             ӏысу  щытар. Ауэ абы иужькӏэ зэ зыуэ сохъу, зэ нэгъуэщӏу
             сохъу—иджы зыри къызгурыӏуэжкъым,» ар жери Алисэ зиущэ -
             хужащ.
               «Нэхъ наӏуэу псалъэ!» ткӏийуэ къэпсэлъащ Щыгъыныхьыр. «А
             жыпӏэхэр даурэ къызэрызгурыӏуэн хуейр?»
               «Сэр сэрурэ къысгурыӏуэжкъым жысӏэр, зиусхьэн, къызэры -
             щӏэкӏымкӏэ сэ сыхэтми сыщӏэжкъым. Плъагъурэ, зиусхьэн, ӏуэхур
             зытетыр?»
               «Слъагъукъым!» пиупщӏащ Шыгъыныхьым.

                                                                      45
   66   67   68   69   70   71   72   73   74   75   76