Page 72 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 72
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Кхъыӏэ, къысхуэгъэгъу, зиусхьэн,» щабэ-щабэу жиӏащ Алисэ,
«нэхъ тэмэму къыбгурызгъэӏуэфынукъым, сэ зыри къызгурыӏуэж -
къыми: зэ уин, зэ уцӏыкӏу, зэ мыпхуэдэ, зэ мопхуэдэ—псори
зэхэзэрыхьащ—пэжкъэ?»
«Пэжкъым!» жыуап къитащ Щыгъыныхьым.
«Плъагъурэ, уэ апхудэу иджыри къыпщыщӏауэ къыщӏэ кӏын -
къым,» жиӏащ Алисэ, «зыпхъуэжу щӏэбдзэмэ—ар тӏум щыгъуэкӏи
уэ къыпхудэхуэнущ, япэу ухьэмбылущ, итӏанэ ухьэндыраб -
гъуэщ,—псори къыбгурыӏуэжынщ.»
46