Page 64 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 64

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


         ауэ кӏий макъ зэхихащ. Кӏэщӏу иужь иту, зы щӏыпӏэ зыгуэр
         къекӏурэхри, абдж щащэ макъ къэӏуащ. (Алисэ Тхьэкумэкӏыхьыр
         нащэ къыздагъэкӏ хуэбалъэм ихуа къыфӏэщӏащ.)





































           Зыгуэр къэгъуэхъуащ: «Пэтӏи, Пэтӏи, дэнэ убзэха?» (Тхьэкӏумэ -
         кӏыхь губжьарат зи лэрыджэр дригъэзеяуэ гъуахъуэр.) Зыгуэрым
         жэуап къритыжащ: «Моуэ сыщыӏэщ, зиусхьэн, хьэлыгъуанэ
         къыхызотӏыкӏ!»
           «Сыт хуэдэ хьэлыгъуанэ?»
           «Хьэлыгъуанэ дахэ!»
           «Хьэлыгъуанэ дахэ!» зыпищӏыжащ абы Тхьэкӏумэкӏыхьым.
         «Зымышхыжын, къэбгъуэтащ ӏуэху хъарзынэ!  Мыдэ къакӏуи
         сыкъихыж!» (Аргуэру абдж къута макъ къэӏуащ.)
           «Иджы моуэ къызжеӏэт, Пэтӏи, сыт мо щхьэгъубжэм къыдэпӏии -
         кӏыр зищӏысыр?»

         38
   59   60   61   62   63   64   65   66   67   68   69