Page 63 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 63

Ш Ы НД Ы РХЪ УО Р Э У Э НЖ А КЪР Э

             махуэ къэс дерсхэр згъэзэщӏэн къысхудэхуэнущ! Тхьэм фигъэп -
             сэу, ауэ апхуэдэу сыхуейкъым!»

























               «Ухьэхьей, сыту уделэ цӏыкӏу уэ,» и гупсысэр зэпиудыжащ
             Алисэ. «Сыт хуэдэ дерс?  Уэ къудейр унэм ущӏэхуэкъым, дэнэ
             бгъэтӏылъыну уи тхылъэхэмрэ тетрадхэмрэ?»
               Апхуэдэурэ, пщащэр щхьэхуэпсалъэурэ, и щхьэр тригъэууэ
             здэщылъым, щӏыбым къыдэӏукӏ кӏий макъ зэхихащ.
               «Мери-ӏен!» макъ нэӏуасэ гуэр зэхихащ абы. «Иджыпступцӏэ си
             ӏэлъэхэр моуэ къэхь!» Дэкӏуеяпӏэмкӏэ щабэрыкӏуэ лъэмакъ къы -
             щыӏуащ. Къыгурымыӏуэнкӏэ хъунутэкъым Алисэ ар зэры—
             Тхьэкӏумэкӏыхьыр. Икӏи ар и щхьэм щынэсым кӏэзызу щӏидзэри,
             зэрыунэу игъэтхытхащ. (Тхьэкӏумэкӏыхьым щымыщынами
             хъунут—абы нэхърэ ӏэджэкӏи нэхъ инт езыр.)
               Тхьэкӏумэкӏыхьыр бжэм нэсри къеӏа щхьэкӏэ, сыт имыщӏами,
             къыхуӏухакъым Алисэ и ӏэдакъэр бжэм къыщӏэгъэкъуати.
             «Апщыгъуэ, щхьэгъубжэмкӏэ сыдэпщхьэнкъэ,» къэгъумэтӏыгъуащ
             Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр.
               «Хьэуэ атӏэ, сыӏусщ щхьэгъубжэм сыножьэри,» игукӏэ жиӏэри
             Алисэ, зигъэхьэзырри, Тхьэкӏумэкӏыхьыр кӏэрнизым нэса къы -
             щыфӏэщӏым, и ӏэр зэрыхузэфӏэкӏэ нэхъ жыжьэу дигъэжри,
             Тхьэкӏумэкӏыхьым епхъуащ. Пщащэм зыри къыхуэубыдакъым,

                                                                      37
   58   59   60   61   62   63   64   65   66   67   68