Page 56 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 56
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
псэущхьэхэр ӏэгуауэкӏэ къыпыкъуэкӏащ, гур хагъахъуэу «Ура!»
жаӏэурэ.
Тыгъэр къыщратым Алисэ и дыхьэшхын къакӏуэт, ауэ адрейхэм
я фӏэщыпэу щилъагъум, зишыӏащ. Жиӏэныр пщащэм ищӏэтэ -
къыми, щхьэщэ хуищӏри Джэд Иным, ӏэпхъуалъэр къыӏырихащ,
и къарум къызэрихькӏэ зиӏыгъыурэ.
Псоми тыгъэ къалъысати иджы я напэм кърагъэкӏуу, ӏэфӏ-
ӏуфӏым едзакъэ хъунут, ауэ хьэргъэшыргъэ гуэрэ къэмыхъуу
хъуакъым: бзу нэхъ инхэм я ӏыхьэр занщӏэу якъумпӏри, тхьэу -
сыхэу щӏадзащ, къыдгурыӏуакъым и ӏэфӏагъыр жари. Нэхъ
цӏыкӏухэр апхэдизу гузавэти, зыгуэрхэм я тэмакъым тенэри, я
щӏыбыкум иухьын къахудэхуащ. Дауэ щымытми, псэущхьэхэм
ӏэфӏ-ӏуфӏыр псынщӏэу ӏуапӏэщ, Дзыгъуэм и хъуреягъым къетӏы -
сэкӏхэри, аргуэру зы хъыбар гуэрэ къахуиӏуэтэну къелъэӏуахэщ.
«Уэ, Дзыгъуэ дахэ, пщымыгъуэпщэжауэ пӏэрэ сыкъызэрыб гъэ -
гугъар?» жиӏари Алисэ, Дзыгъуэр имыгъэгужьеин щхьэкӏэ, щэху
цӏыкӏуу щӏигъужащ. «Мохэри Мыхэри фӏыуэ щӏомылъагъур
сытыт?»
Дзыгъуэм Алисэ и дежкӏэ зыкъимыгъазэу хэщэтыкӏри, жиӏащ:
«Къэдаӏуэ мэуэ, сабий нэху! А гукъутэ хъыбарыр къызэрыхъурэ
илъэс мин бжыгъэ, кӏэ пытыжу, текӏыжащ!»
«Хъыбарым кӏэ пытуи?» игъэщӏагъуэу еупщӏащ Алисэ Дзы -
гъуэм и кӏэм еплъурэ. «Сыт уи кӏэм къыщыщӏар? Пу-пу, хэбдзын
хэмылъыу кӏэ дахэкӏейщ!» Дзыгъуэм и хъыбарыр къиӏуэтэхукӏэ,
Алисэ и щхьэм Дзыгъуэм и кӏэр икӏакъым. Икӏи мис мыпхуэдэу
и нэгум ар щӏэтт:
30