Page 51 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 51

III E ДЗЫГЪУЭ




                         Пхъэржэрыгъэ


                       Хьэулейрэ ӏуатэ


                                 кӏыхьрэ






                     афэм къытехьахэр факъырэпэщмэн гуп фӏэкӏа пщӏэтэ -
             Ткъым: джэд цӏынэхэм я кабзийхэр зэкӏэщӏэпӏает,
             хьэкӏэкхъуэкӏэхэм яцхэр якӏэрыпщӏэжауэ, псоми псы къапыжт.
               Псом япэ зызэрагъэгъушыжын ӏэмалхэр щхьэж, и щхьэ къызэ -
             рихьэм хуэдэу, гупым къахилъхьэт. Дэкъикъитхуи блэкӏа къым
             абыхэм Алисэ, игъащӏэми ахэр ицӏыхуа хуэдэу, яхэпсы хьащ. И
             фӏэщыпэу пщащэр Дэдукъуш Бзэгъафӏэм тебанэри, ены къуэкъуу
             щӏидзащ. Бзуужьыр апхуэдизу нигъэсати, къытригъэ зэжурэ
             зэпимыгъэууэ, жьы хуэмышэжрэ пэт, къытегуауэт: «Сэ уэ нэхърэ
             сынэхъыжьщи, псори нэхъыфӏу сощӏэ, къыбгурыӏуа?» Алисэ ар
             апхуэдэу къигъэнэнут? Дэдукъушыр хигъэзыхьащ и ныбжьыр
             зэдынэсар къыжриӏэну. Ауэ бзум зыкъиумысакъым. Абыкӏэ а тӏум
             я зэдэуэныр иухащ…
               Икӏэм икӏэжым, Дзыгъуэр къыщыпсалъэм, псэущхьэхэм заущэ -
             хужащ, а цӏыкӏум пщӏэ зэрыхуащӏыр плъагъуу. «Моуэ фыкъэ -

                                                                      25
   46   47   48   49   50   51   52   53   54   55   56