Page 50 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 50
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
пщащэм зыхуищӏыурэ здыӏусыкӏым апуэдизу лъэпастхъэти,
толъкъунышхуэхэр иригъэщӏт.
«Дзыгъуэ цӏыкӏу, дахэ цӏыкӏу, къэгъэзэж!» и макъым фо
тригъэлъадэри кӏэлъыгуоуащ Алисэ Дзыгъуэм. «Кхъыӏэ, сыкъо -
мыгъанэ си закъуэу. Тхьэ соӏуэ, фӏэкӏа жысӏэжынукъым Джэи—
Дуи!» Ар щызэхихым Дзыгъуэр къызэщӏэувыӏыкӏри, мыгузавэу
къесылӏэжащ пщащэм. Къесылӏа щхьэкӏэ, и фэр хужьыбзэу
зэрыпыкӏауэ къэнэжат («Ӏей дыдэу сыгъэгубжьащ,» егупсысащ
Алисэ). «Моуэ щӏылъэм дытеувэжмэ, нэху цӏыкӏу, си хъыбарыр
къыпхуэсӏуэтэнщ,» ерагъыу зэхэпхыу, и макъыр кӏэщӏэзэзы -
хьыжу къыжьэдэкӏащ Дзыгъуэм. «Итӏанэ псори къыбгурыӏуэнщ
Мохэри, Мыхэри (джэдухэмрэ хьэхэмрэ, жыхуиӏэу) фӏыуэ
щӏэзмылъагъур.»
Адэкӏэ-мыдэкӏэ макъ къэӏухэр Алисэ фӏэгъэщӏэгъун щыхъури
зыкъыщиплъыхьым, псыхъурейм къыхэхуауэ псэущхьэ дунейр
хэсу къилъэгъуащ. Псым хэхуахэр апхуэдизу куэдти, зыр зым
пэрыуэгъу мыхъун щхьэкӏэ псынщӏэ-псынщӏэу псы хъурейм
къыхэсыкӏыжын зэрыхуейр къыгурыӏащ пщащэм (псым хэст:
Къаз Бий, Джэд Ин, Дэдукъуш Бзэгъафӏэ, Бгъэшыр Уэд,
нэгъуэщӏхэри). Алисэ псы ӏуфэмкӏэ хуесылӏэу щыщӏидзэм, адрей -
хэри иужь къиуващ. Икӏэм икӏэжым, зы къэмынэу, псори тафэм
къыщыхутащ.
24