Page 54 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 54

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


           «Ар сыту пӏэрэ зищӏысыр?» щӏэупщӏащ Алисэ. Пэжым фыхуей -
         мэ, псоми заущэхути, Алисэ къыхудэхуащ а упщӏэр Джэд Иным
         иритын.
           «Ар вжесӏэ нэхърэ, фэзгъэлъагъумэ, нэхъыфӏщ,» жиӏащ Джэд
         Иным. (Фыхуей мы джэгукӏэм зевгъэсэу, щӏымахуэ гуэрым зрив -
         гъэхуэбэжыну? Апщыгъуэ Джэд Иным и джэгукӏэм фыщызгъэ -
         гъуэзэнщ.)
           Псом япэ Джэд Иным щӏыгум и деж къитхъыхьащ хъурей
         иныфӏ. Ауэ къитхъыхьар хъурей дыдэтэкъыми, жиӏащ: «Хъурей-
         мыхъурей иӏэкъым, зэрыхъурейр фи щхьэм илъмэ!» Джэд Иным
         псэущхьэхэр хъурейм къригъэувэкӏри, щхьэж и щхьэ къызэ -
         рихьэу щӏэпхъуащ. Щӏэпхъуа щхьэкӏэ… Къэжыхь-нэжыхьыр
         щиухыныр зыми ищӏэтэкъым. Сытми зы сыхьэт ныкъуэфӏ текӏри,
         гъущыжхэу я къэжыхьын щрикъум, Джэд Иныр къахэгуоуащ:
         «Къэжыхь-нэжыхьыр иухащ!», жери. Хьэкӏэкхъуэкӏэхэр бэуэ -
         бапшэу Джэд Иныр къауфэрэзыхьри ирагъэзылӏащ: «Хэт
         тӏекӏуэр?», жари.
           Ауэ Джэд Иным а упщӏэм жэуап иритын папщӏэ, дэгъуэу
         гупсысэн къыхудэхуащ. Зыкъомрэ зэфӏэжыхьауэ щытыщ ар, и
         ӏэхъуамбэр и натӏэм иригъэувэри, лӏышхуэ гупсысэкӏэ ищӏурэ.
         Псори, жьы ямышэу, ежьэт абы жиӏэнум. Икӏэм икӏэжым, Джэд
         Иным (зыгуэр жиӏэн хуейтэкъэ), хэщэтыкӏри яжриӏащ: «Тхьэ
         соӏуэмэ, псори текӏуащ! Иджыпсту щхьэж къилъэща тыгъэри
         къылъысынущ!»
           «Хэт тыгъэхэр къыдэзытынур?» зэдежьууэ щӏэупщӏащ псэущ -
         хьэхэр.
           «Ар сыт упщӏэ, зи унагъуэ бэгъуэн, мес моращ,» жери Джэд
         Иным Алисэ и дамэпэр тришиящ. Къэзэщӏэплъэжа псэущхьэхэм
         Алисэ къаухъуреихьри, зыр зым зэпиудыжу, гуоун щӏадзаш:
         «Тыгъэр, дэнэ щыӏэ тыгъэр? Къащтэ мыдэ тыгъэр!»
           Алисэ цӏыкӏу ӏэнкун хъуат, апхуэдизу ищӏэнур ищӏэжтэкъыми,
         мо и ӏэр и жыпым щрилъхьэм, къыӏэщӏыхьащ бэтырбакъ (и
         насыпти, псы илъэдатэкъым абы). Абы мыщхьэфо зэрилъыр къи -
         щӏэжри къэгуфӏэжащ пщащэр. Къэжыхь-нэжыхьым хэта псоми

         28
   49   50   51   52   53   54   55   56   57   58   59