Page 46 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 46
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
къеджэ хуэдэу къыщӏидзащ. Ауэ и макъыр езым имейуэ, усэм хэт
псалъэхэри зэи зэхимыха хуэдэу къыщыхъуащ:
«Благъуэм зыри къримыдзэу,
Дыгъэ дзакъэм зрегъэу.
Зызгъэсысым и нэр тридзэу,
И щхьэр Благъуэм трегъэу.
Дыгъэр гуащӏэу мэжьэражьэ—
Зыри Благъуэм имыпщэфӏ,
Бгъунжу щылъу хьэщӏэм йожьэ,
Псынщӏу къакӏуэ, хьэщӏэ ӏэфӏ!»
«Плагъурэ! Усэри тэрэзкъым! Къызэрыщӏэкӏымкӏэ сэ сы-
Къанзилэщ,» гъынанэурэ зэпсалъэри имыщӏэу жиӏащ Алисэ,
«иджы сэ унэ къуаншэбэ цӏыкӏум сыщыпсэунущ. Зы джэгурылъи
сиӏэнукъым, джэгуни къысхудэхуэнукъым, щыд гъэсам хуэдэу си
щхьэр щӏэӏуауэ къызгурымыӏуэ еджапӏэ дерсхэм сыхэсынущ.
Хуит, сэ сы-Къэнзилэмэ мыбдежым сыкъренэ. Сыкърахыжыну
къакӏуэхэмэ, си цӏэр тэрэзу къызжамыӏэу зызгъэхъеинукъым.
Сы-Къэнзилэмэ сикӏыжынукъым, ауэ сы-Алисэмэ—срахыжми
хъунущ.»
Аргуру Алисэ и нэпсыр къыщиудащ. Абдежым Алисэ и ӏэхэм
щеплъыжым игъэщӏэгъуащ—Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым и фэ
ӏэлъэхэр зэрыфӏилъхьар ищӏэжтэкъым. «Щхьэ зыри къыскӏэ -
лъымыкӏуэрэ, сыужэгъуащ си щхьэм и закъуэныгъэр («щхьэза -
къуэныгъэ» псалъэр и гум ирихьт пщащэм)!» И ӏэхэм еплъыпэри
Алисэ, цӏыкӏу зэрыхъур къыгурыӏуащ: «Ар даурэ схузэфӏэкӏа?»
игъэщӏагъуэу егупсысащ Алисэ. «Аргуэру сызэкӏуэцӏопщхьэ.»
Алисэ къэтэджри, зригъапщэу ӏэнэ лъакъуищым бгъэдэуващ.
Ӏэнэм худиз хъуат, икӏи къэмыувыӏэу и ӏэпкълъэпкъыр хэщӏт.
Алисэ занщӏэу къыгурыӏуащ къыщыщӏыр жьыхум зэрилажьэр,
икӏи кудрэ мыгупсысэу хэфӏидзащ ар. Хэфӏимыдзэмэ, хэт ищӏэрэ,
икӏэм икӏэжым абы къыщыщӏынур!
20