Page 43 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 43
Н Э ПС У Э Р
Алисэ тыгъэр и лъакъуэхэм зэрыӏэщӏигъэхьэнум егупсысащ:
«Ӏэхутхьэбзашӏэ гуэрым езгъэхьын къысхудэхуэнущ! Ар сыту
гъэщӏэгъуэн, жаӏэнущ псоми, и лъакъуэхэм саугъэт яхуре -
гъэхьыж!» Тыгъэм тридзэнури зэригъэзэхуащ:
«Алисэ и унэм.
Лъэгурыдзэ гъуэгу цӏыкӏум.
Зиусхьэн Лъакъуэ ижьым и ӏэм
ӏэщӏэфлъхьэ!»
«А, ди Тхьэ, соӏуэрвэрри!» зы -
къиумысыжа къудейуэ пэщыщ -
хьэм Алисэ еуэлӏащ щхьэщы -
гукӏэ. Жыпӏэ-жомыӏэми—къура -
гъищ хуэдиз хъуат. Щеуалӏэм,
занщӏэу дыщэ ӏункӏыбзэӏух жьгъейр
игу къэкӏыжащ. Къипхъуатэри
бжэ цӏыкӏумкӏэ жащ.
Уэ Тхьэр зэбга Алисэ-мыгъуэ!
Лъэгум зыхиӏубэу гъуэлъыпа
пэтми, и гур зыхьэхуа жыг хадэ
дахэм нэ лъэныкъуэкӏэщ зэры -
хэплъэфар. Арат абы хузэфӏэ -
кӏар, нэхъыбэкӏэ ущыгугъ хъу -
нутэкъым. Сыт атӏэ къыхуэ нэ -
жар пщащэм? Къыхуэнэжар
зыт: тыншу тӏысу, и лъа -
къуэхэр щӏигъэжу, «уэуий»,—
жиӏэу, нэпс уэр къыщӏиут хы -
кӏыу гъыну!
«Сыт иджы хьэндрэфий кӏакъ-
макъ къыщӏэпӏэтар?» жиӏащ
Алисэ тэкӏу зыкъызэрищӏэжу.
«Зэплъыжыт, умыдэнуми ухъыджэбз
цӏыкӏушхуэщ (ар пэж дыдэу пэжт—
17