Page 24 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 24
Дуней хьэху Дуней хьэху
ПЭПЛЪЭ
АДЫГЭР ЗЫХУЭДЭР
Сэрейм щIэмыхуэжу гуащэр
И макъыр жыг тхьэмпэщ адыгэм, Гъуэгум тоувэри маплъэ,
И дамэр лъэгапIэщ адыгэм, Жыжьэр къыпоплъэ гуащIэу,
И напэр дыгъапIэщ адыгэм, Нэхэр ирещIыр нэщIым.
Гуапагъэр и щхьэнтэщ адыгэм.
Гуащэм иужьу хьэжьыр,
И жьауэр жыг хадэщ адыгэм, И бгъум мэтIысри мэжыр.
И псалъэр къурш мывэщ адыгэм, Мылу гъэжа гузавэр
И гущIэр быдапIэщ адыгэм, ТIуми зэдагъэныщкIур.
ГурыщIэр и уанэщ адыгэм.
Дыгъэр къухьэжмэ, гуащэр
И нэпсыр къум псынэщ адыгэм, Хуэму щIохьэж унэ нэщIым.
И лIыгъэр мылыджэщ адыгэм, Зэман лъэужьыншэм гъущIэу,
Бэшэчыгъэр и натIэщ адыгэм, БампIейм иресыкIыр гущIэр.
ЦIыхугъэр и лъахъэщ адыгэм.
Жэщ псом езэша гуащэр,
И хэкур и плъапIэщ адыгэм, Пщэдджыжьым Iурехри мащIэу,
ЩIы хамэр и лIапIэщ адыгэм, ПщIыхьэпIэу елъагъур зэжъэр…
И хэкур и узщи адыгэм,
И узыр и хущхъуэщ адыгэм! Нэхулъэр хуэлъыфэу мэжыр,
Гъунапкъэм къухьэж мазэр
Мэкъугъри егъей хьэжьым.
22 23