Page 20 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 20
Дуней хьэху Дуней хьэху
НАСЫП ХЭТ ХУЭМЕЙР?
Насып сэ сыхуейщ: ЛЪЭМБ
Адыгэу дунейм сытету,
Си хэкур си лъахэу, Уэс къабзэ къесам сэ
Си жьэгур си хьэкуу, Лъэмб лъагъуэ хызошри,
Си напэр си нэкIуу…
Лъэмакъ къысщIэIукIым
Насып сэ сыхуейщ: КъысфIощI сиIуэтэж.
Адыгэ дунейм сытету,
Пщэдджыжьыр уэсэпсу, Джэ макъыр Iущащэу
Си махуэр дыгъэпсу, Тэмакъым къоIукIри,
Си жэщыр вагъуэпсэу… Жьы щIыIэр хуэмыхьу,
Iу бахъэу мэткIуж.
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэу дунейм сытету, Iухуд сыIуплъащи,
Си лъэпкъыр хэкупсэу, Си гъащIэ блэкIар сэ
Си быныр анэпсэу, КъысфIощI жей пычыгъуэу —
Анэбзэри я псэу… Дунейри сфIэчэнжщ.
Насып сэ сыхуейщ: Зэхэпхрэ, си Тхьэшхуэ?
Адыгэу дунейм сытету, Дуней уи Iэнэшхуэм
Адыгэу дунейм сехыжу…
Тызолъхьэ дыхьэшхыр —
ГушыIэм дызошхыр!
Сыкъытехьэжмэ дунейм зэгуэрым —
Адыгэ сыхъужу аргуэру!
18 19