Page 15 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 15
Дуней хьэху Дуней хьэху
ХЬЭДЭ ГЪУЭГУ ГЪЫБЗЭ
Я псэр къагъанэурэ Iэбжьыб зэрызурэ, уей,
Анэшхуэ дыщэхэм я гур къигъыкIыурэ, уей, Хэку дыщэ лъапIэри ягъэкуэшыжти, ры-уей.
Iуэдыщэ пагэм и лъапсэр игъукIти, ры-уей. Хэкуншэ ибэу дунейм къытенахэми, уей,
Яхуэмыухыурэ лIыгъэр адэжьхэми, уей, Нэпс ягъэжахэр тенджыз и пэлъытэти, ры-уей.
Я гъащIэ мыгъуэри яIэщIэухэт, ры-уей.
Щхьэхутыныгъэм лъхуидийр щIэзытахэми, уей,
Къуажэ исыкIхэм я Iугъуэ фIыцIэжьхэми, уей, Хэку Iэпкълъэпкъыпхъэт я къупщхьэ нэху-хужьхэр,
Уафэшхуэ къащхъуэр вындыфэу ираIэт, ры-уей. ры-уей!
ЦIыхубз унэхъухэм нэпс-лъыпсу къапыжхэри, уей, Щхьэнтэ яхуищIи ди лъэпкъ гуауэ гуащIэхэр, уей,
Хы фIыцIэ фабгъуэм и тепхъуэ хуэхъунти, ры-уей. Биижь лъыифхэм я бынхэм ди Тхьэшхуэм, ры-уей.
Сабий Iэпхъуамбэу пщIырыпщI бзу дамэхэр, уей,
Анэ ялIам и быдзышэм хущIэджэт, ры-уей.
Зи лъэ щIэхуахэр дыгъужь хъужа хьэжьхэми, уей,
Я псэр хэмыкI щIыкIэ Iус яхуэхъужти, ры-уей.
Псэхэр гуIэгъуэкIэ лъыфэу изыIэхэр, уей,
Ди кхъащхьэжь лъахэхэм къафэу щыуджхэт, ры-уей.
Уафэ гуащIэншэри дыгъэм ибгынэмэ, уей,
Гугъэ хэмылът аргурыж тэджыжынкIэ, ры-уей.
Дуней къутэжым хьэзабу къигъавэхэр, уей,
Лъэпкъ иракъухьым хуэхъужт и гъумылэ, ры-уей.
Ажалу зицIэри лъэпкъым и щауэти, уей,
Зи псэ зытахэм цIыху псэухэр щIэфыгъуэт, ры-уей.
12 13