Page 11 - Дуней хьэху. Брат Мурат
        P. 11
     Дуней хьэху                         Дуней хьэху
 ГЪУЭГУХЭР
 Гъуэгухэр Хэкужьым мэкIуэж,
 Хьэзаб уэрамхэм кIуэцIрыкIыурэ.
 Псэм и хъуахуэ гукIэр
 Я тхыцIэ гъурхэм ярылъурэ,  АДЫГЭ НЫП
 Жэщи махуи ямыIэу,
 Гъуэгухэр Хэкужьым мэкIуэж.  Адыгэ ныпыр — адыгэ напэщ,
                Тхьэри ди пашэщ, ди япэ итщ.
 Гъуэгухэр Хэкужьым мэкIуэж,  Адыгэ хэкур махуэм и хапIэщ,
 ЩIылъэ занщIэр ягъэхъурейурэ.  Пэжым и ныбжьым адыгэр щIэтщ!
 Нэпс ежэххэм
 Гу пцIанэ лъэмыж тралъхьэурэ,  Ныпыр мэхуарзэ, псэр дохуэразэ,
 Мыпсэхужхэу,   Щхьэхуитыныгъэм гур и уэрсэрщ —
 Гъуэгухэр Хэкужьым мэкIуэж.  Вагъуэ пщыкIутIыр ди гъащIэ гъуазэщ,
                Шабзищ зэкъуэтхэр гуейм хуэхьэзырщ!
 Гъуэгухэр Хэкужьым мэкIуэж.
 Хэку гуфIакIэм догъуалъхьэри гъуэгухэр,
 Гъуэгуу хъуар зэхохьэж.
 Гъуэгухэр Хэкужьым мэкIуэж.
 Гъуэгухэр Хэкужьым мэкIуэжри
 ГъуэгурыкIуэхэри йокIуэлIэж.
 8                                        9





