Page 8 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 8
Дуней хьэху Дуней хьэху
ПСЭ IЭМАЛЫНШЭ
НЫЖЭБЭ Псэ Iэмалыншэм, нэф гупзешэу,
Ныбжь бзагуэ гъэрхэр къырешэкI,
Ныжэбэ сепщIыхьащ зауэжьыр щымыIауэ, ЩIым къупщхьэ щIэлъхэр бзэ щIэиншэу
Лъыиф биижьхэр къыттемыбэнауэ, Псынэпс уэгу щIэплъхэм зрашэкI…
МафIэсым ди къуажэжьхэр имысауэ,
ЛIы бланэ хахуэхэр а зауэм имыхьауэ, Мы дунеижьым хьэрыгъажэу
А зауэм хэкIуэдауэ хъуар къелауэ, Зэман жаншэрхъыр къырехуэкI,
Си лъэпкъым хэкур ирамыгъэбгынауэ, Дыгъэ ешар гъуэгурыкIуэм ежьэу
Адыгэ щIылъэр зэбгырамылъэфауэ, КъухьэпIэм нэсмэ къызоплъэкI…
Адыгэ уафэри мамыру къэнэжауэ,
Сабийхэр псэууэ тхъэжу къэтэджауэ, Псы къемыхахэм хуоплъэр гугъэр,
Сабийхэм бын езым къащIэхъуэжауэ, Гъунапкъэм къуэлъым зеузэщI,
Хьэзабу хъуар си лъэпкъым щхьэщыкIауэ, Пщэдейр и плъапIэу къохьэр дыгъэр,
Адыгэ хабзэм псори дыпыщIауэ, Дунейм и гъащIэм махуэр хощI…
Адыгэ хэкур екIуу щIэрэщIауэ…
Тхьэм жиIэм, псэууэ нэху дыкъикIмэ,
Сыкъызэщыури нэпсхэр слъэщIыжащ. Аргуэру дыгъэр къытпежьэнщ.
Псэ Iэмалыншэр пIэщIэмыкIмэ,
Аргуэру гъуэгум утришэнщ…
6 7