Page 16 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 16

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху





                 (IУЭРЫIУАТЭМ ЩЫЩ)                                                                  МЭЛЪАТЭ…


                Гъуэтыж и шу зэшхэм жэщкIэ уахъумэурэ, уей,                                         Мэлъатэ, мэлъатэ,
                Шокъуэ, Къурэмбий, БийщIэс, ЩIэмыкI,                                                                     къырухэр мэлъатэ,

                КIэсыж ижьырабгъумкIэ, уей, ри,                                                     Къырухэм я гъыбзэм
                Мэлыкъу, КъуапапцIэ, ЦIэрымыIу, МыIумыш,                                                                 уэфэгур ебзытэ,
                ШуцIыкIу уи сэмэгумкIэ, уей, ри,                                                    Хэку махуэ ябгынэм
                Псэхъумэ хущхъуэу Iуащхьэмахуэ унысхудахти,                                                              къыхуэнэ гукъанэм

                Псэтхьэ и мафIэлыгъейм дызэхисыхьыурэ, уей,                                         Уафэгур требзыкIри
                Ди псэхэр игъэткIути,                                                                                    щIыр пцIанэу къегъанэ…
                Лъэпщ и кIыщ уадэмкIэ къыдэдэхащIэурэ, уей,
                Ди псэхэр зэхигъэжыхьти,                                                            Мэлъатэ, мэлъатэ,

                Гъуэтыж и шу зэшхэм уахъумэурэ, уей,                                                                     гукъеуэр яIуатэ,
                Шокъуэ, Къурэмбий, БийщIэс, ЩIэмыкI,                                                Уэр дамэкIэ язри,
                КIэсыж ижьырабгъумкIэ, уей, ри,                                                                          хьэрш жыжьэм холъатэ.
                                                                                                    Я гъыбзэ гукъутэр
                Мэлыкъу, КъуапапцIэ, ЦIэрымыIу, МыIумыш,                                                                 гум хуэшу хуолъадэ,

                ШуцIыкIу уи сэмэгумкIэ, уей, ри,                                                    Ди плъэгъуэр ирахри
                Хьэуам урагъэуурэ Iуащхьэмахуэ укъырахьэхыжти,                                                           щIы нэзым докIуадэ…
                Гъуэтыж и шу зэшхэм къыпхуэсакъыпэурэ, уей,
                Ди унэжь цIыкIум укъысхуахьыжти,                                                    Къырухэу ди псэгъухэм

                Пщэджыжь дыгъэм дыпэджэурэ, уей,                                                                         ираIуэр ди гъыбзэр,
                ТIур зы псэ хъуауэ дыкъэбэужт!                                                                Лыджанэ къырухэм

                                                                                                                                                     ди гукIэр ягъабзэр.
                                                                                                    Къытпэплъэ ди тхьэгъухэм

                                                                                                                         хуагуэшыр ди плъэгъуэр —

                                                                                                    Я щIыбымкIэ щапхъэу
                                                                                                                         къэлыбу уэгу лъагъуэр…

                                          14                                                                                  15
   11   12   13   14   15   16   17   18   19   20   21