Page 18 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 18

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху




                                                                                                    КЪИКIЭ ФАДЭР, НЫБЖЬЭГЪУ!


                                                                                                    Сыту IэфI мы дунейр, си къуэшыжь!
                 ПСЭБЫДЭ                                                                            Шыжьыр жьыгъэм игъэшми,
                                                                                                    Шыбзым нэфIкIэ хуоплъэкI.
                Уэ щхьэхьыу дэнэ ужэрэ, Псэбыдэ?                                                    Ныбжьыр йокI,
                Уи шыжьым и лъэр мывэ къуршхэм щIах.                                                Ауэ псэм и щIалэгъуэр имыкI.
                Ихъухьыпэну ухуэмеймэ уи гур мывэ быдэ,                                             КъикIэ фадэр, ныбжьэгъу!
                Адииху уи лъагъуныгъэр щомыущэху…

                                                                                                    Сыту IэфI мы дунейр, си къуэшыжь!
                ЛIэныгъэм щхьэкIэ махуэ къэси игъуэщ,                                               КъэдгъэгъэIу уэрэджьу,
                АрщхьэкIэ упсэуну нэхъри нэхъ игъуэжщ,                                              Жьы жъгъырур ирежьу,
                Щхьэхуиту упсэуныр икъукIэ лIыгъэщ,                                                 Нэхур щыху,
                                                                                                    Гуауэ гуащIэр гъущIыху!
                Псэхуиту упсэуныр — нэхъри нэхъ лIыгъэжщ.
                                                                                                    КъикIэ фадэр, ныбжъэгъу!
                ЩIы фIыцIэм и фIыцIагъыр щхьэнтэ гъурми,
                Псэ закъуэм и пIэщхьэгъыр нэхъри нэхъ гъурыжщ.                                      Сыту IэфI мы дунейр, си къуэшыжь!

                Щхьэзакъуэныгъэр къызэрапщыр и ткIиягъмэ,                                           Бжьэм къигъахъуэ фадэжь.
                                                                                                    Гъуар фIэкIа мыгъэгъэж,
                ФIылъагъуныгъэр зэралъытэр и лъэгагъщ.                                              ЛIар мыгъыж,
                                                                                                    Гъын зыух — мэгуфIэж.
                ГурыщIэ щэхур мыIуэтамэ псэм и мыгъуэщ,
                Уи лъагъуныгъэр бгъэлъэгъуэну мыемыкIу,                                             КъикIэ фадэр, ныбжъэгъу!
                Быущэхуфамэ уи гум илъыр, зыкIэ, лIыгъэщ,                                           Сыту IэфI мы дунейр, си къуэшыжь!
                ПIуэтэфэмэ ар — ар лIыгъэм и гущIыIущ!                                              Дыгъэр ди псэу къытхуопс,
                                                                                                    Псынэм ди Iур елъэс.
                                                                                                    Хъуар блэкIащ,
                                                                                                    Къытпэщылъыр къэкIуэнщ,

                                                                                                    КъикIэ фадэр, ныбжьэгъу.



                                          16                                                                                  17
   13   14   15   16   17   18   19   20   21   22   23