Page 30 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 30
Дуней хьэху Дуней хьэху
МАРЖЭ
ЩIехъумэжыр пшахъуэм псалъэ гъуабжэр, БАМПIЭ
Псалъэ щхъуантIэр тхьэмпэу пощэщыж,
Мэлъэтэж къырухэм щхъуэфэр дэбжэу, Ди Дыгъэ дыщэр благъуэм индриящи,
Псалъэ щIыхур уафэм хокIуэдэж… Щхьэж и уэздыгъэр дыгъэ къыщохъуж.
ФIыцIагъэр хужьу дэ къытщагъэхъуащи
Бзэншэ жьыбгъэм щIылъэр зэщIиIэтэу, И фIыцIэр фIыцIэу зыми имыбжыж.
Бзэншэ цIыхухэм я псэр къелъыхъухь.
И гум бампIэ илъыр цIыхум хуэмыIуатэу Зи дагъуэр дэгъуэу къызщыхъуж нэжнэсым
И гур мывэ хьэлъэ бгъэм йохъухь. Еубыдри жьантIэр, напэр егъэпуд.
ЩIэиныр напэу щIэблэ къызлъымысыр,
ЩIехъумэжыр ятIэм псалъэ фIыцIэр, ЦIыхугъэм йокIри, бампIэм зэщеуд.
Псалъэ гъуэжьыр шэдым хетхьэлыхь,
ЗыщIелъафэр пшэплъым псалъэ плъыжьыр,
Iуащхьэ мылым хужьу хъуар хожыхь…
ПIалъэр мабзэ гъурдэ джатэм хуэдэу,
Жьыбгъэм цIыхум и дзэхэр къыхуелъ.
Си псэр, маржэ, зэщIэкъузи быдэу,
Адыгэбзэ, кхъыIэ, сыкъегъэл!
28 29