Page 32 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 32

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху




                 НЭХЬЭЛАТХЭР                                                                        ДЭНЭ ДЫЖЭН?


                Адрей цIыхум и щхьэхуитыныгъэр                                                      Уэ мазэ, мазэ,
                залымыгъэкIэ къытезыхым,                                                            Уафэм и гъуазэ,
                Уэ ди Тхьэ,                                                                         Мыдэ къызжыIэт:
                                                                                                    Сытыр сэ сщIэн?
                унэIутыгъэр и натIэурэ и гъащIэ псор егъэхь.

                                                                                                    Уэ жьыбгъэ, жьыбгъэ,
                Адрей цIыхур шынагъэкIэ егъэзауэ зыгъэпсэум,                                        Хьэуар зи губгъуэ,
                Уэ ди Тхьэ,                                                                         Мыдэ къызжыIэт:
                шынагъуэр и Iэпэгъуу жэщи махуи егъэхь.                                             Дэнэ сыкIуэн?


                Адрей цIыхур нэджнэпцIкIэ къезышэкIым,                                              Уэ вагъуэ, вагъуэ,
                                                                                                    Уэгур зи абгъуэ,
                Уэ ди Тхьэ,                                                                         Мыдэ къызжыIэт:
                ену и пцIыр къепцIыжурэ и гъащIэр егъэхь.                                           Дэнэ сыжэн?


                Адрей цIыхум хьэрэмыгъэ езыхым,                                                     Уэ дыгъэ, дыгъэ,
                Уэ ди Тхьэ,                                                                         Тхьэшхуэм и щыгъэ,
                гуэныхьыр и пIэщхьагъыу и гъащIэр егъэхь.                                           Мыдэ къызжыIэт:
                                                                                                    Сыт сэ жысIэн?

                Адрей цIыхум и лъыр зыгъажэн зыфIэфIыр,                                             Уэ ди тхьэу Тхьэшхуэ,
                Уэ ди Тхьэ,                                                                         Дунейр зи Iуэшхуэ,
                езым и лъым егъэтхьэлэж.                                                            КхъыIэ, къыджыIэт:
                                                                                                    Сытыр дэ тщIэн?
                Щхьэхуитынэншэри шынагъуэри
                ПцIыри хьэрэмри зи фэ икIыу,                                                        Дэнэ дыкIуэн?
                Зи щхьэ зымыгъэтIылъа цIыхум,                                                       Дэнэ дыжэн?
                                                                                                    Дауэ дыхъун?
                Уэ ди Тхьэ,
                ЕгъэIуэтэж.





                                          30                                                                                  31
   27   28   29   30   31   32   33   34   35   36   37