Page 63 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 63
Дуней хьэху Дуней хьэху
ТIРАУХЭР
I
ЩIэтэщIэсэ цIыху хуилъэрэ
Напэншэ былым пашэрэ
Кхъуэвей ебэкъуа лъэбэкъуэхъурэ
Пыджэ щхьэкупцIэпцIарэ
ЩхьэзыфIэфI гузэлымрэ
ЛЪАГЪУНЫГЪЭ Нэпсэрей псэлей мацIэрэ
Щхьэж и гъуэмылэ фIэлеижурэ
Лъагъуныгъэр щыпсэукIэ — Фэсэд уэрам дрокIуэри.
Махуэр макIуэри къегъэзэж,
Махуэр макIуэри къегъэзэж. Фэсэд уэрам дрикIуэурэ
Щхьэхуитыныгъэ гуащэр зыдошэри
Лъагъуныгъэр щымыIэжмэ — Ялыхь уэшх къегъэщэщэх!
Махуэр къокIуэри мэкIуэж, 2
Махуэр къокIуэри мэкIуэж. Сосрыкъуэ щIыщIагъым
Зегъэджэрэз,
АдрэщIым щощыгъуэ
Дэр щхьэкIэ Батрэз.
Иныжьыр ди тепщэщ,
КъуийцIыкIури мэжей,
Гуэргуэныжьыр ди пашэщ,
ТхьэщIагъыр — пыжьейщ.
Щыбз бгъэхэр бэкъу махэщ,
Ди гуащэри жьейщ,
Шэд фадэр ди натIэщ —
Ди махуэр гужьейщ
60 61