Page 68 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 68

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху


                ***
                Уи хьэлъагъыр адрейм зэришэчыр                                                      УСЭ ЖЬГЪЕЙ
                ГукIэ къэшэчи,
                Хьэлъэми псынщIэми,
                Къэпшэчар шэч.
                                                                                                    ***
                ***                                                                                 Уджэламэ, уи пэжыр мывэм щIэгъэпщкIухь —
                И гуфIакIэм дэлът мывэ.                                                             Уэр щхьэкIэ тепщэм тхыдэ зэхилъхьащи.
                Мывэр налкъуттэкъым,                                                                Уи бампIэм гу залымым и лъэр щIегъэткIухь —
                Мывэр налмэстэкъым —                                                                НэджнэпцIкIэ шынэм и псэр хэщIыхьащи.
                КъызэрыгуэкI зы мывэт.
                                                                                                    ***
                И псэр щит махуэм уэсят ищIащ:                                                      Уи IэплIэхэр къызомэщIэкI, уэ си Дуней!
                — Мащэм нысхуифлъхьэ си мывэр — жери.                                               И ныбжьым уегупщысмэ мы дунейм,
                                                                                                    Ди гъащIэр апхуэдизкIэ кIэщIщи, маржэ,
                Мывэр налкъуттэкъым,                                                                Дытемытаи хуэдэщ мы дунейм!
                Мывэр налмэстэкъым,
                И хэкужьым къыриха                                                                  ***
                КъызэрыгуэкI зы мывэт!                                                              Дэнэ ужэрэ? КъэувыIэ.
                                                                                                    КъэтIыси Iэнэм, зыгъэпсэху уэ мащIэу.
                                                                                                    УщIэгузэвэн, си къуэш, щымыIэ,
                                                                                                    Хэт зыфIэзгъэпщкIуфар, къызжыIэт, гъащIэм?


                                                                                                    ***
                                                                                                    Мэлхэм уахэтмэ,
                                                                                                    Хьэ ухъун хуей мэхъу!
                                                                                                    Хьэхэм уахэтмэ,
                                                                                                    Дыгъужь ухъун хуей мэхъу!

                                                                                                    ***
                                                                                                    ГъащIэр IэфIщ.
                                                                                                    Бзылъхугъэр IэфIым и IэфIыжщ.
                                                                                                    Ухуеймэ уэ къэпщIэну и IэфIагъыр гъащIэм,
                                                                                                    Бзылъхугъэм и IэфIагъыр къызэгъащIэ.




                                          66                                                                                  67
   63   64   65   66   67   68   69   70   71   72   73