Page 76 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 76

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху





                                                                                                    ВАГЪУЭ ЛЪЭМЫЖ
                 СОХЪУАПСЭ
                                                                                                    Инжыдж псы уэрым уафэшхуэр хоплъэ,

                Уи Iупэм псалъэ лъэIусам сохъуапсэ,                                                 Псы Iуэфэрабгъухэм нэр йоныкъуэкъу.
                Уи ныбжь зытехуэ мывэми сохъуапсэ,                                                  Мазэ нур кIапсэр си псэм пыщIащи,
                Уи лъэмб къызтенэ пшахъуэми сохъуапсэ —                                             Вагъуэ лъэмыжыр си гъащIэ гъуэгущ.
                Мы лъагъуныгъэр, маржэ, сэ схуэхъуащи хьэпсэ!
                                                                                                    Мазэ нур кIапсэр си псэм пыщIащи,

                Уи нэIэр зытебгъанэми сохъуапсэ,                                                    Вагъуэ лъэмыжыр си гъащIэ гъуэгущ.
                Уи Iэпэр зытеIэбэми сохъуапсэ,
                Дунейм и нэхъ IэфIыпIэм сыпхуохъуапсэ —                                             Уафэшхуэ лъагэм мазэр йобэкIри,

                Мы лъагъуныгъэр, маржэ, сэ схуэхъуащи хьэпсэ!                                       ФIылъагъуныгъэр къызомэщIэкI.
                                                                                                    Къэкъубеяуэ Инжыдж ежэхым,
                ХъуэпсапIэу сиIэр уэрщи сынохъуапсэ.                                                Вагъуэ мыжейхэр псым хелъэсыхь.
                Уэ зырщ мы дунеишхуэм сызэхъуапсэр —

                А дуней псор и уасэщ а зы хъуапсэм                                                  Къэкъубеяуэ Инжыдж ежэхым,
                Мы лъагъуныгъэр, маржэ, сэ схуэхъуащи хьэпсэ!                                       Вагъуэ мыжейхэр псым хелъэсыхь.


                ГурыщIэ гуащIэу псэр ихьэхуу хъуапсэм                                               Iуащхьэм сытохьэ, уэгум сыхохьэ,

                Мы гъащIэм уринурщи сынохъуапсэ…                                                    ЗыкъызощIэжри, къызогъэзэж —
                Щэ тIуащIэу щымытами лъагъуныгъэр хьэпсэу,                                          Мы дунеишхуэр си псэм фIэмащIэщ,
                Псэ джэрпэджэж зымыщIэм семыхъуапсэ!                                                Уи лъагъуныгъэм сэ симыутIыпщ!


                                                                                                    Мы дунеишхуэр си псэм фIэмащIэщ,

                                                                                                    Си лъагъуныгъэ уэ соумытIыпщ!





                                          74                                                                                  75
   71   72   73   74   75   76   77   78   79   80   81