Page 47 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 47

Н Э ПС У Э Р

               «Сымыӏущ цӏыкӏутэмэ сыбзэхыпэнут иджыпсту,» жиӏащ Алисэ.
             Зэ щхьэкӏэ ар къэшынащ, ауэ къызэрелам щхьэкӏи гуфӏэт. «Мис
             иджы жыг хадэмкӏэ,» жери, пщащэр бжэ цӏыкӏумкӏэ щӏэпхъуащ.
             Тхьэмышкӏэ цӏыкӏу! Бжэм ӏункӏыбзэ етат, дыщэ ӏункӏыбзэӏухри
             абдж ӏэнэм тельт. «Делэ цӏыкӏу сыхъуа къысфӏощӏ. Зыри
             къызгурыӏуэжкъым иджы,» гъынанэурэ жиӏащ Алисэ. «Зы тау -
             рыхъи сэ схуэдэу цӏыкӏунитӏэу Цӏыкӏужьей хэткъым. Дэнэ адэкӏэ
             укӏуэну цӏыкӏунитӏэу Цӏыкӏужьейм нэхъ цӏыкӏуж ухъуу?»
               Ар жиӏа къудейуэ, Алисэ и лъакъуэхэр щӏэцӏэфтри—быргуэ!—
             и пщэм къынэсу псым хэхуащ. Псы шыугъэр къыщыжьэдэуэм
             хым хэхуа къыфӏэщӏащ. «Апхуэдэу щыхъуакӏэ, сэ ди деж гъущӏ
             гъуэгукӏэ сыкӏуэжыфынущ,» къэгуфӏащ пщащэр. Алисэ зэ закъуэ
             хы ӏуфэм щыӏати, быдэу и гум ириубыдат хым гъущӏ гъуэгу
             зэрекӏуалӏэр. Абы «хы» щыжаӏэкӏэ, и нэгум къыщӏыхьэт тафэм
             тес сабийхэм бэлагъ цӏыкӏухэмкӏэ пщахъуэ къатӏу. Ауэ гъущӏ
             гъуэгум хы ӏуфэ дыдэм и деж уӏуишэтэкъым. Аргуэру дыгъэр уи
             щхьэм итӏысхьэхукӏэ укӏуэн хуейт. Алисэ псы джэдым хуэдэу
             есыфти, псым щыхэхуэм зыуи къэшынакъым. Куэд темыкӏыу
             пщащэм къыгурыӏуащ зыхэхуар зэрыпсыхъурей ӏэрыщӏэр. Пэжу
             жыпӏэмэ, псы хъурейр ӏэрыщӏэтэкъым, ар нэ-рыщӏэр. Алисэ
             пщащэ иныжь щыхъуам и нэпс щӏигъэжам хэхуэжауэ арат.






















                                                                      21
   42   43   44   45   46   47   48   49   50   51   52