Page 44 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 44
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
инышхуэ цӏыкӏут). Моуэ, зэхэсхыу щыгъэт иджыпступцӏэ!» Ауэ
и нэпсхэр къемыдэӏужу, езыр езыру къыщӏэжхэт, псынэ къы -
щиудам хуэдэу. Куэди дэкӏакъым, Алисэ псы инам и курыкупсэм
хэс фӏэкӏ умыщӏэу, и нэпсхэр зэкӏэщӏэжащ. Ар щилъагъум, нэхъ
иныжу гъын щӏидзащ пщащэм—сытми, гъын щимыгъэтурэ и
нэпс уэрыр пэш лъэгум из хъури, и лъапщӏэм къыхунэсащ (ар
иджыри Алисэ и гур игъэтӏысыпатэкъым гъынкӏэ).
Аурэ Алисэ жыжьэу езым и гъы макъым емыщхь ӏэуэлъауэ
зэхихащ. Зыгуэр «тӏэпӏ-тӏэпӏ» жэуэ къакӏуэт. Алисэ псынщӏэу и
нэпсхэр илъэщӏыжащ (къакӏуэм ӏуплъын хуейтэкъэ)! Къакӏуэт
Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр, фызышэ кӏуэ сондэджырэм хуэдэу
зэщыхуэпыкӏауэ. Зы лъапэмкӏэ жьыху инышхуэ иӏыгът, адрей
лъапэ лъэныкъуэмкӏэ фэ щабэ ӏэлъитӏ ӏэщӏэлът. Тхьэкӏумэкӏыхь
Хужьыр гузавэт, зыри имылъагъуу дзапэкӏэ ӏуэрвэрурэ: «Псори-
псот, ауэ сыкъыкӏэрыхумэ Уэркъ-гуащэм пэцыр иричынущ. Ари
абы нызэрыкӏуэным шэч хэлъкъым.» Алисэ апхудизу гужьеяти,
къакӏуи кӏуэжи (апхуэдэ щыӏэ къудеймэ) чэнджэщ къаӏырихыну
хьэзырт. Тхькӏумэкӏыхь Хужьыр къыщынэсым щтэӏэщтаблэу
пщащэм къыщӏидзащ: «Кхъыӏэ, Тхьэкӏумэкӏыхь Хужь, къыс -
хуэгъэгъу…» Къыхуигъэгъуным нэмысу Тхьэкӏуэкӏыхьыр къащ -
тэри, хьэфэтопым хуэдэу дэпкӏейри, жьыхумрэ фэ щабэ ӏэлъэхэм -
рэ къыхэфӏидзэри, ямыгъуэтыж шыгъажэтежу бзэхащ.
Жьыхумрэ ӏэлъэхэмрэ Алисэ къищтэри, мо хуабэгъей къэ -
хъуам, жьыхур игъэбэуащ. «Уэй, мыгъуэ,» хэщэтыкӏащ Алисэ,
«нобэрей махуэм кӏэ игъуэтыну пӏэрэ? Чын хьэгуагуэм хуэдэу,
дунейр мэджэрэз. Дыгъуасэ псори тыншу зэкӏэлъыкӏуэт, ауэ нобэ
дунейр къуенэрууэ мэхьэмкӏэ! Гъэщӏэгъунщ, сэра ар зилажьэр,
хьэмэ езы дунейра? Сэрамэ-щэ зызыхъуэжар? Егупсысын хуейщ.
Пщэджыжьым си пӏэм сэра къэтэджар? Хьэмэ нэгъуэщӏ гуэрэ
сипӏэкӏэ си пӏэм къэтэджа? Адыдыд, нэгъуэщӏ гуэрэ сыхъуа
къысфӏощӏ. Сэр—сэракъым. Апхуэдэу щыщыткӏэ, сэ сыхэт? Сыту
гугъу угупсысэну!» Алисэ зэригъэзахуэу щӏидзащ и ныбжьэгъу
пщащэхэр, «хэт ипӏэ сэ сиува», жыхуиӏэу.
18